къызэтехын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къызэтрех)
1. Зэтелъ гуэрыр зэпкърыхын, и щӀыӀу телъымкӀэ къыщӀэдзауэ къытепхыурэ.
руразобрать что-л. сложенное (напр. доски)
Чырбышхэр къызэтехын.
2. Къытехын (пхъуантащхьэр).
руоткрыть, раскрыть что-л. (напр. сундук)
Пхъуантэ фӀыцӀэр къзэтрахри, хьэпшып дэмылъ щыӀэтэкъым.— ӀуэрыӀуатэ
3. Къэгъэплъэн (нэр). Къэушам и нитӀыр ерагъкӀэ къызэтрех.
руоткрыть, раскрыть (напр. глаза)
Kitapta geçtiği hali
къызэтехын (къызэтрех) перех. гл. 1. разобрать что-л. сложенное (напр. доски) / Зэтелъ гуэрыр зэпкърыхын, и щӀыӀу телъымкӀэ къыщӀэдзауэ къытепхыурэ. Чырбышхэр къызэтехын. 2. открыть, раскрыть что-л. (напр. сундук) / Къытехын (пхъуантащхьэр). * Пхъуантэ фӀыцӀэр къзэтрахри, хьэпшып дэмылъ щыӀэтэкъым. фольк. 3. открыть, раскрыть (напр. глаза) / Къэгъэплъэн (нэр). Къэушам и нитӀыр ерагъкӀэ къызэтрех.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къызэтрех)
1. Къэгъэплъэн (п.п. нэр).
Къызэтезмыхыу сэ си нитӀыр Сэлам щэху цӀыкӀуу фэсхыжынщ.— Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361
+2 örnek
– Тетя Апа, - зэхэпх къудейуэ жиӀэри, Данэ цӀыкӀу и нэр къызэтрихри зэтрипӀэжащ.— Нал къута, 277
Куэд дэкӀа, мащӀэ дэкӀа, нэр ерагъыу къызэтрихрэ къаплъэмэ [Астемыр], хъыджэбз гуэр къыщхьэщытщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 170
2. ЗэгъэдзэкӀын.
Си гъащӀэр удзу къызэщӀоуэр, Дыгъэпсым, уэшхым щогуфӀыкӀ. Махуэ зырызу къызэтехи – Си нэгу щӀэкӀахэр ягу имыкӀ.— Си вагъуэр уафэм имызагъэ… Щхьэлыкъуэ, 404
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЗЭТЕХЫН (къызэтрех) лъэӀ. (15). 1. (14). Къэгъэплъэн (п.п. нэр). Къызэтезмыхыу сэ си нитӀыр Сэлам щэху цӀыкӀуу фэсхыжынщ. Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361. – Тетя Апа, - зэхэпх къудейуэ жиӀэри, Данэ цӀыкӀу и нэр къызэтрихри зэтрипӀэжащ. Нал къута, 277. Куэд дэкӀа, мащӀэ дэкӀа, нэр ерагъыу къызэтрихрэ къаплъэмэ [Астемыр], хъыджэбз гуэр къыщхьэщытщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 170. 2. (1). зэхь. ЗэгъэдзэкӀын. Си гъащӀэр удзу къызэщӀоуэр, Дыгъэпсым, уэшхым щогуфӀыкӀ. Махуэ зырызу къызэтехи – Си нэгу щӀэкӀахэр ягу имыкӀ. Си вагъуэр уафэм имызагъэ… «Щхьэлыкъуэ», 404.