къызэпыудын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
руа) (къызэпеуд) перех. гл.
1. Къутэн, зэпыгъэкӀын.
рупереломить что-л. на две части
Зы джатэ ин гуэрым сысейр къызэпиудащ.— Къэбэрдей таурыхъхэр
2. Ӏуэхум зэран хуэхъун, зэрызэфӀэмыкӀыным пылъын.
русорвать что-л. (напр. дело)
Ар слӀожь, ХьэцӀыкӀу, гъэсэныгъэ лэжьыгъэр къызэпыбудыну мурад пщӀауэ ара?— Пьесэхэр. б) (къызэпоуд)
+1 örnek
неперех. гл.
1. ТӀууэ е нэхъыбэу зэпыкӀын, зэпычу, зэпыуду (кӀапсэ). КӀапсэр къызэпыудащ.
рулопнуть (о веревке, струне и т. п.)
2. МыгъэзэщӀауэ, зэфӀэмыгъэкӀауэ къэнэн.
русорваться, не удаться (о деле и т. п.)
Ди ежьэныр къызэпыудащ.
Kitapta geçtiği hali
къызэпыудын а) (къызэпеуд) перех. гл. 1. переломить что-л. на две части / Къутэн, зэпыгъэкӀын. * Зы джатэ ин гуэрым сысейр къызэпиудащ. Къэб. таур. 2. переносное сорвать что-л. (напр. дело) / Ӏуэхум зэран хуэхъун, зэрызэфӀэмыкӀыным пылъын. * Ар слӀожь, ХьэцӀыкӀу, гъэсэныгъэ лэжьыгъэр къызэпыбудыну мурад пщӀауэ ара? Пьесэхэр. б) (къызэпоуд) неперех. гл. 1. лопнуть (о веревке, струне и т. п.) / ТӀууэ е нэхъыбэу зэпыкӀын, зэпычу, зэпыуду (кӀапсэ). КӀапсэр къызэпыудащ. 2. переносное сорваться, не удаться (о деле и т. п.) / МыгъэзэщӀауэ, зэфӀэмыгъэкӀауэ къэнэн. Ди ежьэныр къызэпыудащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къызэпеуд)
Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу, и псалъэр зэпигъэун.
Думэсарэ и псалъэр Астемыр къызэпиудащ: - Куэдщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642
+2 örnek
[Дэфэрэдж:] Сэ сызэгупсысыр абдеж телефоным къызэпеуд.— Лъапсэ, 7
И пхъум [Апчарэ] и псалъэр и анэм [Хьэбибэ] къызэпиудащ.— Щынэхужьыкъуэ, 24
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЗЭПЫУДЫН (къызэпеуд) лъэӀ. (5). зэхь. Зыгуэрым жиӀэм емыдаӀуэу, и псалъэр зэпигъэун. Думэсарэ и псалъэр Астемыр къызэпиудащ: - Куэдщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 642. [Дэфэрэдж:] Сэ сызэгупсысыр абдеж телефоным къызэпеуд. Лъапсэ, 7. И пхъум [Апчарэ] и псалъэр и анэм [Хьэбибэ] къызэпиудащ. Щынэхужьыкъуэ, 24.