къызыхэхун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къызыхеху)
Гупым (е унагъуэм) зыхамыгъэтыжын, лъэщыгъэкӀэ къызыхэгъэкӀын.
руизгнать кого-л. из своей среды
ЗэрыдыгъуэгъуакӀуэм щхьэкӀэ {Пакъэ} хьэӀупс ящӀри жылэ зыщыщым къызыхахуат.— Теунэ Хьэчим
Kitapta geçtiği hali
къызыхэхун (къызыхеху) перех. гл. изгнать кого-л. из своей среды / Гупым (е унагъуэм) зыхамыгъэтыжын, лъэщыгъэкӀэ къызыхэгъэкӀын. * ЗэрыдыгъуэгъуакӀуэм щхьэкӀэ {Пакъэ} хьэӀупс ящӀри жылэ зыщыщым къызыхахуат. Т. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къызыхаху)
Гуп здыхэтым зыхамыгъэтыжын, къызыхэгъэкӀын.
Зи къуэ комсомолецу щытым ящыщ, зыбжанэм я къуэр къызыхахурт, лъэпкъым щыщу зи къуэш коммунистым нэмыплъ хуащӀырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЗЫХЭХУН (къызыхаху) лъэӀ. (1). Гуп здыхэтым зыхамыгъэтыжын, къызыхэгъэкӀын. Зи къуэ комсомолецу щытым ящыщ, зыбжанэм я къуэр къызыхахурт, лъэпкъым щыщу зи къуэш коммунистым нэмыплъ хуащӀырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659.