къыжьэхэуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыжьэхоуэ)

1. КъеӀусэн, къеуэу, бгъэдыхьэн, бгъэдэлъэдэн жьэхэуэу.

рутолкнуть кого-что-л.

ЛъэмыкӀыу ар {анэр} япэкӀэ кӀуэцӀрыкӀащ цӀыху Ӏувыр зэкӀэщӀитхъуурэ. Абы къыжьэхэуэхэрт. АрщхьэкӀэ анэр абы къигъэувыӀэртэкъым.— Ӏуащхьэмахуэ

2. КъеуэлӀэн.

рузаболеть чем-л.

ЛӀыфӀым зыгъэлӀэну узыр къыжьэхэуати, щӀалэр игъэтӀысри уэсят хуищӀащ.— ӀуэрыӀуатэ

3. Къигъуэтын, къыӀэрыхьэн.

рунайти, приобрести что-л.

Зы фӀыгъуэ гуэр къыжьэхэуэн.

4. Къытепсэлъыхьын, къыхуэхъущӀэн.

рупоругать, покритиковать кого-л.

Kitapta geçtiği hali

къыжьэхэуэн (къыжьэхоуэ) неперех. гл. 1. толкнуть кого-что-л. / КъеӀусэн, къеуэу, бгъэдыхьэн, бгъэдэлъэдэн жьэхэуэу. * ЛъэмыкӀыу ар {анэр} япэкӀэ кӀуэцӀрыкӀащ цӀыху Ӏувыр зэкӀэщӀитхъуурэ. Абы къыжьэхэуэхэрт. АрщхьэкӀэ анэр абы къигъэувыӀэртэкъым. Ӏуащхь. 2. переносное заболеть чем-л. / КъеуэлӀэн. * ЛӀыфӀым зыгъэлӀэну узыр къыжьэхэуати, щӀалэр игъэтӀысри уэсят хуищӀащ. фольк. 3. переносное найти, приобрести что-л. / Къигъуэтын, къыӀэрыхьэн. Зы фӀыгъуэ гуэр къыжьэхэуэн. 4. переносное поругать, покритиковать кого-л. / Къытепсэлъыхьын, къыхуэхъущӀэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыжьэхоуэ)

1. ЗыхищӀэу, къару хэлъу къылъэӀэсын, къеӀунщӀын.

Бгыкъум тес цӀыкӀухэм я лъакъуэр тӀысыпӀэм тесхэм я щхьэм къыжьэхэуэмэ е шэщыщхьэм зыгуэр къехуэхмэ, щызэрыгъэкӀий къэхъурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661

+2 örnek

Саримэ сымэ я щӀыбагъым къыдэсу щыса лӀыжь гупыр я пӀэм изагъэртэкъым, езыр-езыру щызэпсалъэ къэхъурт, сценэм щыжаӀэр пэжу къалъытэми къамылъытэми тепсэлъыхьурэ, уеблэмэ я башхэмкӀэ Саримэ е Верэ Павловнэ къыщыжьэхэуэ къэхъурт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669

[Алыджыкъуэ:] ЩӀыунэ щӀыхьэпӀэм сеплъу сыздэщытым, зылӀ гуэр унэшхуэм къыщӀэкӀри сэ къыщызблэкӀым джалэри си лъабжьэм къыщыщӀэхутэм сэри сриуд пэтащ, лъакъуэкӀэ къызжьэхэуэри.— МелыӀыч, 445

2. Къыжьэхэпхъуэн, къеуэн.

Къэрэмырзэ лъэс зищӀри къалэмкӀэ еӀати, лъэмыжыжь цӀыкӀум щикӀым мафӀэр къыжьэхэуэри и щхьэци и пащӀи илыгъуащ, и щыгъыным мафӀэр къыщыщӀэнэм, и насыпти, и шулӀыгъусэм егъэункӀыфӀ, ауэ и щхьэ джабэр пыӀэ щхьэрыптӀагъэ мыхъужу хьэлэчу щхьэ къупщхьэр плъагъуу исащ, и блатхьэри илынцӀащ.— Лыгъэ, 412

Kitapta geçtiği hali

КЪЫЖЬЭХЭУЭН (къыжьэхоуэ) лъэмыӀ. (7). 1. (5). ЗыхищӀэу, къару хэлъу къылъэӀэсын, къеӀунщӀын. Бгыкъум тес цӀыкӀухэм я лъакъуэр тӀысыпӀэм тесхэм я щхьэм къыжьэхэуэмэ е шэщыщхьэм зыгуэр къехуэхмэ, щызэрыгъэкӀий къэхъурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. Саримэ сымэ я щӀыбагъым къыдэсу щыса лӀыжь гупыр я пӀэм изагъэртэкъым, езыр-езыру щызэпсалъэ къэхъурт, сценэм щыжаӀэр пэжу къалъытэми къамылъытэми тепсэлъыхьурэ, уеблэмэ я башхэмкӀэ Саримэ е Верэ Павловнэ къыщыжьэхэуэ къэхъурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669. [Алыджыкъуэ:] ЩӀыунэ щӀыхьэпӀэм сеплъу сыздэщытым, зылӀ гуэр унэшхуэм къыщӀэкӀри сэ къыщызблэкӀым джалэри си лъабжьэм къыщыщӀэхутэм сэри сриуд пэтащ, лъакъуэкӀэ къызжьэхэуэри. МелыӀыч, 445. 2. (2). Къыжьэхэпхъуэн, къеуэн. Къэрэмырзэ лъэс зищӀри къалэмкӀэ еӀати, лъэмыжыжь цӀыкӀум щикӀым мафӀэр къыжьэхэуэри и щхьэци и пащӀи илыгъуащ, и щыгъыным мафӀэр къыщыщӀэнэм, и насыпти, и шулӀыгъусэм егъэункӀыфӀ, ауэ и щхьэ джабэр пыӀэ щхьэрыптӀагъэ мыхъужу хьэлэчу щхьэ къупщхьэр плъагъуу исащ, и блатхьэри илынцӀащ. Лыгъэ, 412.

Düzeltme Öner

къыжьэхэуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.