къыжеӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыжреӀэ)
Зыгуэрым зыгуэр хуэӀуэтэн.
Сыт къыжраӀэми ишэчын хуейти, япидзыж щӀагъуэ щымыӀэу, и Ӏэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ, и бын цӀыкӀуитӀыр имыгъэмэжалӀэу, унагъуэр зэрихьэу яхэст [Думэсарэ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 159
+2 örnek
Псалъэ дыджу къызжепӀами – Сэ шэ фӀыцӀэу сигу хегъэщӀ.— Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370
Нэхъыжь дыдэ Хьэту, лӀыщӀэу здыӀутым, и Ӏуэхури къэкъутащ – зыгъэлӀыщӀэр и гъусэу къуажэ Советым ираджэри къыжраӀащ: - ЛӀыщӀэ бгъэлӀыщӀэ мыхъуну унафэ щыӀэщи, лӀыщӀэ къэзыщтам ӀувгъэкӀыж, колхозым хыхьэн щхьэкӀэ.— Къалэн, 428
Deyimler (1)
къызжиӀакъым жумыӀэж
1. ЗэгъащӀэ. -654.
КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, - жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъагъуащ [бабыщхэм].— Кхъухь пхэнж, 506
+2 örnek
И фызым зэрызищӀым еплъри, идэн хуэдэу къыщыфӀэщӀым, Исуф къыпищащ: - КъызжиӀакъым жумыӀэж, зызогъэтх зэрыунагъуэу дыкӀуэну.— Лэчымэ, 390
[Нахъуэ жеӀэ:] АтӀэ, жылэ, къыджефӀакъым жывмыӀэж: Жыраслъэн и унэ къекӀуэлӀэжмэ, тфӀэзахуэу шэсыпӀэ доувэ!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653
2. УщӀегъуэжынщ.
[Джэлил Къалэдэсым жреӀэ:] УкъызэмыдаӀуэрэ – къызжиӀакъым жумыӀэж.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487
+2 örnek
[Директорым Астемыр жреӀэ:] Пщэдей фӀэмыкӀыу удэмыкӀмэ, къызжепӀакъым жумыӀэж… къыбгурыӀуа?— Хъуэпсэгъуэ нур, 185
Жэщ хъури Къазыхъуэ Мухътарыр ягъэтӀысащ, арщхьэкӀэ махуищ дэкӀри къаутӀыпщыжащ: Иджыри зыгуэр къыплъыкъуэкӀым, къыджепӀакъым жумыӀэж, - жаӀэри.— Щынэхужьыкъуэ, 71
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЖЕӀЭН (къыжреӀэ) лъэӀ. (220). Зыгуэрым зыгуэр хуэӀуэтэн. Сыт къыжраӀэми ишэчын хуейти, япидзыж щӀагъуэ щымыӀэу, и Ӏэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ, и бын цӀыкӀуитӀыр имыгъэмэжалӀэу, унагъуэр зэрихьэу яхэст [Думэсарэ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 159. Псалъэ дыджу къызжепӀами – Сэ шэ фӀыцӀэу сигу хегъэщӀ. Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370. Нэхъыжь дыдэ Хьэту, лӀыщӀэу здыӀутым, и Ӏуэхури къэкъутащ – зыгъэлӀыщӀэр и гъусэу къуажэ Советым ираджэри къыжраӀащ: - ЛӀыщӀэ бгъэлӀыщӀэ мыхъуну унафэ щыӀэщи, лӀыщӀэ къэзыщтам ӀувгъэкӀыж, колхозым хыхьэн щхьэкӀэ. Къалэн, 428. ◊ КъызжиӀакъым жумыӀэж (15). 1. (11). ЗэгъащӀэ. КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, - жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъагъуащ [бабыщхэм]. Кхъухь пхэнж, 506. И фызым зэрызищӀым еплъри, идэн хуэдэу къыщыфӀэщӀым, Исуф къыпищащ: - КъызжиӀакъым жумыӀэж, зызогъэтх зэрыунагъуэу дыкӀуэну. Лэчымэ, 390. [Нахъуэ жеӀэ:] АтӀэ, жылэ, къыджефӀакъым жывмыӀэж: Жыраслъэн и унэ къекӀуэлӀэжмэ, тфӀэзахуэу шэсыпӀэ доувэ! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653-654. 2. (4). УщӀегъуэжынщ. [Джэлил Къалэдэсым жреӀэ:] УкъызэмыдаӀуэрэ – къызжиӀакъым жумыӀэж. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487. [Директорым Астемыр жреӀэ:] Пщэдей фӀэмыкӀыу удэмыкӀмэ, къызжепӀакъым жумыӀэж… къыбгурыӀуа? Хъуэпсэгъуэ нур, 185. Жэщ хъури Къазыхъуэ Мухътарыр ягъэтӀысащ, арщхьэкӀэ махуищ дэкӀри къаутӀыпщыжащ: Иджыри зыгуэр къыплъыкъуэкӀым, къыджепӀакъым жумыӀэж, - жаӀэри. Щынэхужьыкъуэ, 71.