къыдэшэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыдешэж)
Зыгуэр зыщӀыпӀэ (къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэм) къашэурэ къэгъэсыжын.
руввести, ввезти обратно кого-что-л. куда-л. (сюда)
Нэсрэн жьакӀэр къыдешэж Батрэз.— Къэбэрдей поэзием и антологие
Kitapta geçtiği hali
къыдэшэжын (къыдешэж) перех. гл. ввести, ввезти обратно кого-что-л. куда-л. (сюда) / Зыгуэр зыщӀыпӀэ (къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэм) къашэурэ къэгъэсыжын. * Нэсрэн жьакӀэр къыдешэж Батрэз. Къэб. п. и ант.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыдешэж)
Зыгуэр зыщӀыпӀэ къапшэурэ къэгъэсыжын.
Сымаджэ хьэлъэу къыдашэжам и Ӏэпкълъэпкъым узыр хыхьауэ къыщӀэкӀынти, зигъэхъей мыхъуу, ӀэкӀэ зэрахьэу куэдрэ хэлъащ, хущхъуэу ягъуэтыр ирахьэлӀэ пэтми, сэбэп щӀагъуэу хуэмыхъуу.— Къалэн, 430
+1 örnek
[Дэфэрэдж:] ЦӀыхухъухэм ятыболъхьэри, абыхэми я псэукӀэр зэрынэхъыфӀ щӀагъуэ плъагъуркъым – махуэ дэкӀыркъым лӀитӀым, лӀищым я хьэдэ къуажэм къыдамышэжу.— Лъапсэ, 38
Kitapta geçtiği hali
КЪЫДЭШЭЖЫН (къыдешэж) лъэӀ. (3). Зыгуэр зыщӀыпӀэ къапшэурэ къэгъэсыжын. Сымаджэ хьэлъэу къыдашэжам и Ӏэпкълъэпкъым узыр хыхьауэ къыщӀэкӀынти, зигъэхъей мыхъуу, ӀэкӀэ зэрахьэу куэдрэ хэлъащ, хущхъуэу ягъуэтыр ирахьэлӀэ пэтми, сэбэп щӀагъуэу хуэмыхъуу. Къалэн, 430. [Дэфэрэдж:] ЦӀыхухъухэм ятыболъхьэри, абыхэми я псэукӀэр зэрынэхъыфӀ щӀагъуэ плъагъуркъым – махуэ дэкӀыркъым лӀитӀым, лӀищым я хьэдэ къуажэм къыдамышэжу. Лъапсэ, 38.