къыдэхъуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыдохъуэ)

1. Щыпсэуурэ балигъ, ин щыхъун зыщӀыпӀэ.

рувырасти где-л. (о человеке)

ЩӀалэгъуалэ куэд къыдэхъуащ къуажэм.

2. КъыщыкӀын.

рувырасти где-л. (о растениях)

А лъэгум гъэ къэс гъавэшхуэ къыдохъуэ.

3. Дэлъ хъун, къыдищӀэн.

руобразоваться, получиться

Матэм бжьэр и бэм фо куэд къыдохъуэ.— ПащӀэ Бэчмырзэ

(къыдохъуэ)

ЗыщӀыпӀэ Ӏуэхугъуэ гуэр къыщежьэн, къыщыхъун.

рувозникнуть, случиться где-л., между кем-чем-л.

Хьэблэм фӀыгъуэшхуэ къыдэхъуэн.

Kitapta geçtiği hali

къыдэхъуэн I (къыдохъуэ) неперех. гл. 1. вырасти где-л. (о человеке) / Щыпсэуурэ балигъ, ин щыхъун зыщӀыпӀэ. ЩӀалэгъуалэ куэд къыдэхъуащ къуажэм. 2. вырасти где-л. (о растениях) / КъыщыкӀын. А лъэгум гъэ къэс гъавэшхуэ къыдохъуэ. 3. образоваться, получиться / Дэлъ хъун, къыдищӀэн. * Матэм бжьэр и бэм фо куэд къыдохъуэ. П. Б. II (къыдохъуэ) неперех. гл. возникнуть, случиться где-л., между кем-чем-л. / ЗыщӀыпӀэ Ӏуэхугъуэ гуэр къыщежьэн, къыщыхъун. Хьэблэм фӀыгъуэшхуэ къыдэхъуэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыдохъуэ)

1. ЩӀыпӀэ гуэрым щыпсэуурэ балигъ, ин щыхъун.

Нахъуэ иримыгъэкӀуэта къуажэм къыдэмыхъуами, Чачэ пэлъэщыртэкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509

2. ЗыщӀыпӀэ илъурэ е дэлъурэ нэхъыбэ хъун.

КӀасэм ахъшэ куэдыщэ къызэрыдэхъуэ лъандэрэ Ерул и Ӏуэхуми къыхэхъуат – пщыхьэщхьэм гъуоуэ джэрти, нэху щыху къуажэ ахъшэр ихъумэу правленэм щӀэст.— Хъуэпсэгъуэ нур, 233

+1 örnek

Хэти ищӀэу и ӀэнатӀэр Дэ дыӀуощӀэ махуэ къакӀуэм, Арщ ди хъерыр колхоз пщӀантӀэм КъыщӀыдэхъуэр ӀэкӀуэлъакӀуэу Арщ заводхэм я лэжьыгъэм ЗыщӀиубгъур махуэ къэскӀэ, НаӀуэ щӀэхъури арщ ди гугъэр, Арщ щӀэдахэр колхоз губгъуэр.— Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 20

(къыдохъуэ)

ЗыщӀыпӀэ Ӏуэхугъуэ гуэр къыщежьэн, къыщыхъун. -529.

Къызэхуэмысуи хъурэт [къуажэр] – къуажэм щӀэуэ къыдэхъуэр Темыркъант зи акъыл къихьыр – школ япэ дыдэ къыщызэӀуахам къызэӀузыхар Темыркъант, ККОВ жыпӀэми, детсад, клуб, хьэмэм жыпӀэми – псоми яужь итыр арат.— Щынэхужьыкъуэ, 20

+2 örnek

Абы хуэдэу гуфӀэгъуэ жылэм къыдэхъуа, жаӀэу гуфӀэгъуэшхуэти [Туземнэ дивизэм хэтахэм къагъэзэжат], Астемыр ящигъэгъупщэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 208

Ар [цӀыхубзхэр къыщӀытхузэгуэпыр] къызыхэкӀыр Алий къыдгуригъэӀуащ, къуажэм зэрызехьэшхуэ къыдэхъуам и гугъу къытхуищӀурэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528

Kitapta geçtiği hali

КЪЫДЭХЪУЭН I (къыдохъуэ) лъэмыӀ. (4). 1. (1). ЩӀыпӀэ гуэрым щыпсэуурэ балигъ, ин щыхъун. Нахъуэ иримыгъэкӀуэта къуажэм къыдэмыхъуами, Чачэ пэлъэщыртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 509. 2. (3). ЗыщӀыпӀэ илъурэ е дэлъурэ нэхъыбэ хъун. КӀасэм ахъшэ куэдыщэ къызэрыдэхъуэ лъандэрэ Ерул и Ӏуэхуми къыхэхъуат – пщыхьэщхьэм гъуоуэ джэрти, нэху щыху къуажэ ахъшэр ихъумэу правленэм щӀэст. Хъуэпсэгъуэ нур, 233. Хэти ищӀэу и ӀэнатӀэр Дэ дыӀуощӀэ махуэ къакӀуэм, Арщ ди хъерыр колхоз пщӀантӀэм КъыщӀыдэхъуэр ӀэкӀуэлъакӀуэу Арщ заводхэм я лэжьыгъэм ЗыщӀиубгъур махуэ къэскӀэ, НаӀуэ щӀэхъури арщ ди гугъэр, Арщ щӀэдахэр колхоз губгъуэр. Ди гъуэгу. «Партыр ди пашэу», 20.

КЪЫДЭХЪУЭН II (къыдохъуэ) лъэмыӀ. (5). ЗыщӀыпӀэ Ӏуэхугъуэ гуэр къыщежьэн, къыщыхъун. Къызэхуэмысуи хъурэт [къуажэр] – къуажэм щӀэуэ къыдэхъуэр Темыркъант зи акъыл къихьыр – школ япэ дыдэ къыщызэӀуахам къызэӀузыхар Темыркъант, ККОВ жыпӀэми, детсад, клуб, хьэмэм жыпӀэми – псоми яужь итыр арат. Щынэхужьыкъуэ, 20. Абы хуэдэу гуфӀэгъуэ жылэм къыдэхъуа, жаӀэу гуфӀэгъуэшхуэти [Туземнэ дивизэм хэтахэм къагъэзэжат], Астемыр ящигъэгъупщэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 208. Ар [цӀыхубзхэр къыщӀытхузэгуэпыр] къызыхэкӀыр Алий къыдгуригъэӀуащ, къуажэм зэрызехьэшхуэ къыдэхъуам и гугъу къытхуищӀурэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528-529.

Düzeltme Öner

къыдэхъуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.