къыдэуеижын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыдоуеиж)

1. Къыдэсеижын, къыдрихьеижын.

рувсплыть (на поверхность)

2. КъыщӀэщыжын.

рувсплыть, обнаружиться

ЩӀауфауэ щыта Ӏуэху фӀейр къыдэуеижащ.

3. Аргуэру нэхъ лъагэ хъужын (и къулыкъур, и цӀэрыӀуагъыр).

руповыситься, подняться снова (напр. по службе)

Kitapta geçtiği hali

къыдэуеижын (къыдоуеиж) неперех. гл. 1. всплыть (на поверхность) / Къыдэсеижын, къыдрихьеижын. 2. переносное всплыть, обнаружиться / КъыщӀэщыжын. ЩӀауфауэ щыта Ӏуэху фӀейр къыдэуеижащ. 3. переносное повыситься, подняться снова (напр. по службе) / Аргуэру нэхъ лъагэ хъужын (и къулыкъур, и цӀэрыӀуагъыр).

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыдоуеиж)

1. Къыдэсеижын, къыдрихьеижын.

Псы архъуанэм я [щӀалэ цӀыкӀухэм] щхьэр ищӀагъыу къыхэлъэрт, псыр яутхырт, зым зыр хигуэрт, зыщӀагъэмбырыуэрти псы щӀагъ защӀэкӀэ загъэкӀуэдырт, къыдэуеижамэ, дыхьэшхырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630

+2 örnek

И щӀалэ цӀыкӀум, мэлхьэпӀатӀэм хуэдэу, зыкъыкӀэриукӀати, къыдэуеижа нэужь ундэрэщхъуами, нэхъри щиубыдыкӀат и анэм и пщэри, Дэфэрэдж и гур къызэрыгъуэтыжащ, «си пщэр щикъузкӀэ псэущ» жиӀэри.— Лъапсэ, 53

Елъэдэкъауэ-нелъэдэкъауэми и лъакъуэр къыхичыжри, шы щхъуантӀэр псым къыдэуеижащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 165

2. КъыщӀэщыжын, белджылы хъужын.

Ауэ, пэжыр тенджызыщӀэм щӀэлъми, зэгуэр къыдэуеижынуи жаӀэ, арщхьэкӀэ ар къыдэуеижыху, Ӏэджэ къэхъунщ жиӀэу арт Ботэх зытет принципыр.— Лъапсэ, 98

Kitapta geçtiği hali

КЪЫДЭУЕИЖЫН (къыдоуеиж) лъэмыӀ. (8). 1. (6). Къыдэсеижын, къыдрихьеижын. Псы архъуанэм я [щӀалэ цӀыкӀухэм] щхьэр ищӀагъыу къыхэлъэрт, псыр яутхырт, зым зыр хигуэрт, зыщӀагъэмбырыуэрти псы щӀагъ защӀэкӀэ загъэкӀуэдырт, къыдэуеижамэ, дыхьэшхырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630. И щӀалэ цӀыкӀум, мэлхьэпӀатӀэм хуэдэу, зыкъыкӀэриукӀати, къыдэуеижа нэужь ундэрэщхъуами, нэхъри щиубыдыкӀат и анэм и пщэри, Дэфэрэдж и гур къызэрыгъуэтыжащ, «си пщэр щикъузкӀэ псэущ» жиӀэри. Лъапсэ, 53. Елъэдэкъауэ-нелъэдэкъауэми и лъакъуэр къыхичыжри, шы щхъуантӀэр псым къыдэуеижащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 165. 2. (2). зэхь. КъыщӀэщыжын, белджылы хъужын. Ауэ, пэжыр тенджызыщӀэм щӀэлъми, зэгуэр къыдэуеижынуи жаӀэ, арщхьэкӀэ ар къыдэуеижыху, Ӏэджэ къэхъунщ жиӀэу арт Ботэх зытет принципыр. Лъапсэ, 98.

Düzeltme Öner

къыдэуеижын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.