къыдэгъэзэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыдегъазэ)
1. Хъужын, и узыншагъэм зыгуэрым и фӀыщӀэкӀэ къигъэзэжын.
рувозвратиться (о здоровье)
Санаторэм къызэрыщеӀэзам къыдигъэзао си ныбжьэгъум и узыншагъэм. Къэб.
2. Еплъ: къыдэгъэзэжын 1
Kitapta geçtiği hali
къыдэгъэзэн (къыдегъазэ) перех. гл. 1. возвратиться (о здоровье) / Хъужын, и узыншагъэм зыгуэрым и фӀыщӀэкӀэ къигъэзэжын. * Санаторэм къызэрыщеӀэзам къыдигъэзао си ныбжьэгъум и узыншагъэм. Къэб. 2. см. къыдэгъэзэжын 1.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыдегъазэ)
Зыгуэрым и гъусэу здикӀауэ щытам къэкӀуэжын.
Бзухэм гъатхэм къыдагъазэр, Уаер къэсмэ, дэгызынщ. Къэзгъэзэнущ сэ. «Батырыбжьэ». 66. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ, УӀэнэщӀу къыумыгъазэ, Куэди мащӀи къэт пфӀэфӀыхукӀэ, Уеблэм бзухэм къадэгъазэ.— Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ. «Вагъуэ махуэ», 372
Kitapta geçtiği hali
КЪЫДЭГЪЭЗЭН (къыдегъазэ) лъэӀ. (2). Зыгуэрым и гъусэу здикӀауэ щытам къэкӀуэжын. Бзухэм гъатхэм къыдагъазэр, Уаер къэсмэ, дэгызынщ. Къэзгъэзэнущ сэ. «Батырыбжьэ». 66. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ, УӀэнэщӀу къыумыгъазэ, Куэди мащӀи къэт пфӀэфӀыхукӀэ, Уеблэм бзухэм къадэгъазэ. Унэм уикӀрэ къэбгъэзэжмэ. «Вагъуэ махуэ», 372.