къыдыхьэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыдохьэж)
1. Къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэм къэкӀуэжын.
рувойти, въехать обратно (сюда) (напр. в город. во двор)
Езы Сосрыкъуэри и шым елэлэхыу пщӀантӀэм къыдохьэж. Къэб. п. и ант.
2. КъэкӀуэжын, къигъэзэжын.
рувернуться (домой)
Былымыр къыдохьэж.
+1 örnek
Уи мылъкур... мис уи жьэгум къыдохьэжыр.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан
Kitapta geçtiği hali
къыдыхьэжын (къыдохьэж) неперех. гл. 1. войти, въехать обратно (сюда) (напр. в город. во двор) / Къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэм къэкӀуэжын. Езы Сосрыкъуэри и шым елэлэхыу пщӀантӀэм къыдохьэж. Къэб. п. и ант. 2. вернуться (домой) / КъэкӀуэжын, къигъэзэжын. Былымыр къыдохьэж. * Уи мылъкур... мис уи жьэгум къыдохьэжыр. КӀ. Т., Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыдохьэж)
1. ЗыдэкӀа щӀыпӀэм къигъэзэжын.
Ӏэхъуэри къыдыхьэжрэ жэмхэр хуэмыпӀащӀэу, щхьэж и куэбжэ бжэн лъакъуэ, жыхуаӀэу, къафӀэӀуэху щымыӀэу, шэм шхуэлыр къигъэчэным хуэдэу къэкӀуэжырт.— КӀапсэ кӀапэ, 5
+2 örnek
ПщӀантӀэм дыкъыдохьэжри – зэрыщытащ, унэм дыщӀохьэжри – ари аращ, ауэ тета шхыныр исри Ӏисраф хъуащ, пшхы мыхъужыну.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
[Жангулэз Дзэшу щхьэкӀэ:] Мыдэ укъыдыхьэжынкъэ, алыхь кӀапсэ кӀапэ уэзмыгъэлъагъум.— КӀапсэ кӀапэ, 18
2. Зыкъомрэ къэтауэ здыщыпсэуам къэкӀуэжын.
[Дисэ Хьэтау жреӀэ]: илъэсиплӀкӀэ сыпэплъауэ къызэрыдыхьэжу аргуэру ежьэжауэ губгъуэм итщ [Алъхъо].— Алъхъо, 85
+2 örnek
– АтӀэ, Ӏэ тӀэтыну аращ къэнэжари Ӏэ дывгъэӀэт, - жиӀэри Нахъуэ жылэм къахэплъащ, - Жыраслъэн дахэкӀэ жылэм къыдыхьэжрэ, и унэм къэкӀуэжмэ нэхъыфӀ, хьэмэрэ и пхэм тхьэмбыл зэкӀэрыщӀакӀэ деуэрэ къыдэдмыгъэхьэмэ нэхъыфӀ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653
«Къэрал джатэ» зыфӀэзыщыжауэ щыта Залымджэрий гуэгуш хуэзэм къиукӀыу зэрыщытам текӀатэкъым, а хъыбарым шэч къытезыхьи щыӀэт, арщхьэкӀэ къыздикӀыжари къыздихужари ямыщӀэу, борэным къыздихьа къуаргъыжьым ещхьу, Нурхьэлий жылэм къыдыхьэжащ…— Хъуэпсэгъуэ нур, 147
Kitapta geçtiği hali
КЪЫДЫХЬЭЖЫН (къыдохьэж) лъэмыӀ. (12). 1. (7). ЗыдэкӀа щӀыпӀэм къигъэзэжын. Ӏэхъуэри къыдыхьэжрэ жэмхэр хуэмыпӀащӀэу, щхьэж и куэбжэ бжэн лъакъуэ, жыхуаӀэу, къафӀэӀуэху щымыӀэу, шэм шхуэлыр къигъэчэным хуэдэу къэкӀуэжырт. КӀапсэ кӀапэ, 5. ПщӀантӀэм дыкъыдохьэжри – зэрыщытащ, унэм дыщӀохьэжри – ари аращ, ауэ тета шхыныр исри Ӏисраф хъуащ, пшхы мыхъужыну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. [Жангулэз Дзэшу щхьэкӀэ:] Мыдэ укъыдыхьэжынкъэ, алыхь кӀапсэ кӀапэ уэзмыгъэлъагъум. КӀапсэ кӀапэ, 18. 2. (5). Зыкъомрэ къэтауэ здыщыпсэуам къэкӀуэжын. [Дисэ Хьэтау жреӀэ]: илъэсиплӀкӀэ сыпэплъауэ къызэрыдыхьэжу аргуэру ежьэжауэ губгъуэм итщ [Алъхъо]. Алъхъо, 85. – АтӀэ, Ӏэ тӀэтыну аращ къэнэжари Ӏэ дывгъэӀэт, - жиӀэри Нахъуэ жылэм къахэплъащ, - Жыраслъэн дахэкӀэ жылэм къыдыхьэжрэ, и унэм къэкӀуэжмэ нэхъыфӀ, хьэмэрэ и пхэм тхьэмбыл зэкӀэрыщӀакӀэ деуэрэ къыдэдмыгъэхьэмэ нэхъыфӀ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 653. «Къэрал джатэ» зыфӀэзыщыжауэ щыта Залымджэрий гуэгуш хуэзэм къиукӀыу зэрыщытам текӀатэкъым, а хъыбарым шэч къытезыхьи щыӀэт, арщхьэкӀэ къыздикӀыжари къыздихужари ямыщӀэу, борэным къыздихьа къуаргъыжьым ещхьу, Нурхьэлий жылэм къыдыхьэжащ… Хъуэпсэгъуэ нур, 147.