къыдыр
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЦӀыхухэм зэрахуэ псэущхьэ, Ӏэщ, шыд хакӀуэр шыбзым техуэу къалъхуауэ.
румул
ПщӀэгъуалэжь мыгъуэр къыдыр мыгъазэщ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
къыдыр мул / ЦӀыхухэм зэрахуэ псэущхьэ, Ӏэщ, шыд хакӀуэр шыбзым техуэу къалъхуауэ. * ПщӀэгъуалэжь мыгъуэр къыдыр мыгъазэщ. Къэб. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхухэм зэрахуэ псэущхьэ, Ӏэщ, шыд хакӀуэ шыбзым техуэу къалъхуауэ.
Къыдырыр шыщ жыбоӀэри, и адэр шыд дэнэ къэна, шыдым ещхьуи пэхущ.— Кхъухь пхэнж, 500
+2 örnek
Къыдырыр, тенджыз Ӏуфэм деж хэщӀапӀэ щищӀауэ, нэхъ къалъагъун хуэдэу, бгы джабэм кӀэрытщ, хэту пӀэрэ япэ къэсынур, жиӀэу.— Кхъухь пхэнж, 498
Къыдыр кхъухьыпщт иджы сымылъагъужар! [бажэм жиӀэри дыхьэшхащ]— Кхъухь пхэнж, 498
Deyimler (1)
хьэфӀыцӀэ и къыдыру гъэлъэн
Еплъ: хьэфӀыцӀэ
Kitapta geçtiği hali
КЪЫДЫР (63). ЦӀыхухэм зэрахуэ псэущхьэ, Ӏэщ, шыд хакӀуэ шыбзым техуэу къалъхуауэ. Къыдырыр шыщ жыбоӀэри, и адэр шыд дэнэ къэна, шыдым ещхьуи пэхущ. Кхъухь пхэнж, 500. Къыдырыр, тенджыз Ӏуфэм деж хэщӀапӀэ щищӀауэ, нэхъ къалъагъун хуэдэу, бгы джабэм кӀэрытщ, хэту пӀэрэ япэ къэсынур, жиӀэу. Кхъухь пхэнж, 498. Къыдыр кхъухьыпщт иджы сымылъагъужар! [бажэм жиӀэри дыхьэшхащ] Кхъухь пхэнж, 498. ◊ ХьэфӀыцӀэ и къыдыру гъэлъэн (7). Еплъ ХьэфӀыцӀэ.