къыдрихуеин
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыдрехуей)
1. Зыгуэр (бахъэ, Ӏугъуэ с. ху.) ищхьэмкӀэ къэкӀуэн.
ЩӀалэ цӀыкӀухэр мывэкӀэ мафӀэм хоуэ хъуаскуэ къыдрихуейр яфӀэгъэщӀэгъуэну, хъыджэбз цӀыкӀухэм зэрыгъэкӀийуэ къажыхьырт.— ГущӀэгъу, 423
+2 örnek
Дэпым, мыункӀыфӀыжыпэн папщӀэ, хуэм дыдэурэ епщэмэ, плъыжьыбзэу къызэщӀэнэрт, Ӏугъуэ мащӀэ къыдрихуеурэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 68
Сэлэтхэм я шырыкъум лъыпсыр из хъуауэ здэкӀуэм, лъы къуалэр шырыкъу лъапщэм къыдрихуейуэ къажыхьырт.— Щынэхужьыкъуэ, 31
2. БампӀэм къыхэкӀыу зыгуэр жыӀэну хуеин.
Сэри [Мариам] сыхуэтхьэусыхэну къыдрехуей, арщхьэкӀэ изогухыж, хэт ищӀэрэ,
Kitapta geçtiği hali
КЪЫДРИХУЕИН (къыдрехуей) лъэмыӀ. (7). 1. (7). Зыгуэр (бахъэ, Ӏугъуэ с. ху.) ищхьэмкӀэ къэкӀуэн. ЩӀалэ цӀыкӀухэр мывэкӀэ мафӀэм хоуэ хъуаскуэ къыдрихуейр яфӀэгъэщӀэгъуэну, хъыджэбз цӀыкӀухэм зэрыгъэкӀийуэ къажыхьырт. ГущӀэгъу, 423. Дэпым, мыункӀыфӀыжыпэн папщӀэ, хуэм дыдэурэ епщэмэ, плъыжьыбзэу къызэщӀэнэрт, Ӏугъуэ мащӀэ къыдрихуеурэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. Сэлэтхэм я шырыкъум лъыпсыр из хъуауэ здэкӀуэм, лъы къуалэр шырыкъу лъапщэм къыдрихуейуэ къажыхьырт. Щынэхужьыкъуэ, 31. 2. (1). зэхь. БампӀэм къыхэкӀыу зыгуэр жыӀэну хуеин. Сэри [Мариам] сыхуэтхьэусыхэну къыдрехуей, арщхьэкӀэ изогухыж, хэт ищӀэрэ,