къуэгушхукӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къуогушхукӀ)
Зыгуэрым и гушхуэныгъэр Ӏыгъын, зыкъыфӀэщӀыжыныгъэ хэлъу зыгуэрым ирипэгэн, зыгуэрым щыгугъыу гушхуэн.
рудержаться кичливо из-за кого-чего-л.
Ар зыкъуэгушхукӀыр и къуэш нэхъыжьырт.
+1 örnek
Сонэхэр я куэдагъым къуэгушхукӀырт.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
къуэгушхукӀын (къуогушхукӀ) неперех. гл. держаться кичливо из-за кого-чего-л. / Зыгуэрым и гушхуэныгъэр Ӏыгъын, зыкъыфӀэщӀыжыныгъэ хэлъу зыгуэрым ирипэгэн, зыгуэрым щыгугъыу гушхуэн. Ар зыкъуэгушхукӀыр и къуэш нэхъыжьырт. * Сонэхэр я куэдагъым къуэгушхукӀырт. Къэб. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къуогушхукӀ)
Зыгуэрым и гушхуэныгъэр Ӏыгъын, гушхуэн.
Дэфэрэдж цӀыхубз мышынэт, сабий цӀыкӀу зэрыщӀэсым къуэгушхукӀыу къыщӀэкӀынт, гъусэ сыт жимыӀэу зэрежьар зылъагъум игъэщӀагъуэрт, лъхуэуэ зыщӀэзыукӀэжа фызабэ дахэм сыту гуфӀ кӀуэцӀылъ жаӀэу, езыми и гугъэт дыгъурыгъури лӀыубыдри зэщэр хъыджэбзрэ щӀалэу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, игъащӀэм хъыбару зэрызэхихымкӀэ, хъыджэбзыр унэӀуту ящэрт, щӀалэхэр дзэм хагъэтт— Лъапсэ, 30
Kitapta geçtiği hali
КЪУЭГУШХУКӀЫН (къуогушхукӀ) лъэмыӀ. (2). Зыгуэрым и гушхуэныгъэр Ӏыгъын, гушхуэн. Дэфэрэдж цӀыхубз мышынэт, сабий цӀыкӀу зэрыщӀэсым къуэгушхукӀыу къыщӀэкӀынт, гъусэ сыт жимыӀэу зэрежьар зылъагъум игъэщӀагъуэрт, лъхуэуэ зыщӀэзыукӀэжа фызабэ дахэм сыту гуфӀ кӀуэцӀылъ жаӀэу, езыми и гугъэт дыгъурыгъури лӀыубыдри зэщэр хъыджэбзрэ щӀалэу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, игъащӀэм хъыбару зэрызэхихымкӀэ, хъыджэбзыр унэӀуту ящэрт, щӀалэхэр дзэм хагъэтт. Лъапсэ, 30.