къурш
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Мывэу зэхэлъ бгы лъагэхэр.
ругора, скала, горная цепь
Кавказ къурш.
+1 örnek
Дыгъэ къухьэм и бзийхэр плъыжьу тридзэрт къуажэм пэжыжьэ къурш уэсылъэм.— Ӏуащхьэмахуэ
Bu maddedeki ifadeler (4)
къуршым джэдыкӀэкӀэ еуэн
руприняться за что-л. непосильное.
къурш ажэ
Къуршым щыпсэу ажэ.
ругорный козел, тур
Къурш ажэ къэлъагъун. Къурш ажэ къэукӀын.
къурш бжэн
Бгылъэ щӀыпӀэхэм щыпсэу бжэн.
ругорная коза
Къурш бжэныр бгыщхьэм тетт.
къурш сыдж
Къуршыщхьэ, къурш щыгу.
ругребень, вершина горы
Къурш сыдж лъагэ.
Kitapta geçtiği hali
къурш гора, скала, горная цепь / Мывэу зэхэлъ бгы лъагэхэр. Кавказ къурш. * Дыгъэ къухьэм и бзийхэр плъыжьу тридзэрт къуажэм пэжыжьэ къурш уэсылъэм. Ӏуащхь. Къуршым джэдыкӀэкӀэ еуэн приняться за что-л. непосильное. къурш ажэ горный козел, тур / Къуршым щыпсэу ажэ. Къурш ажэ къэлъагъун. Къурш ажэ къэукӀын. къурш бжэн горная коза / Бгылъэ щӀыпӀэхэм щыпсэу бжэн. Къурш бжэныр бгыщхьэм тетт. къурш сыдж гребень, вершина горы / Къуршыщхьэ, къурш щыгу. Къурш сыдж лъагэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Мывэу зэхэлъ бгы лъагэхэр.
Жыжьэу уплъэмэ, къуршыр къалэм къеувэкӀауэ къеплъ хуэдэт, затхьэщӀауэ, къабзэлъабзэу, зэщӀэупсауэ я пыӀэ хужьхэр дэгъэкӀуэтеяуэ— Щынэхужьыкъуэ, 36
+2 örnek
Къурш щхьэхужьхэм лъэныкъуитӀкӀэ Пшэр мэкъу хьэвэу иракъуэкӀ— Гъатхэр къыщихьэм. «Батырыбжьэ», 31
Ятелъкъым къуршхэм дыркъуэ мащӀэ— Къурш дыркъуэ. «Дамыгъэ», 213
2. Къуршым еин.
Дыгъэр къурш щӀыбагъым щыкъухьэм къуэ кӀуэцӀым пшапэр щызэхэуащ, пшэ тхьэмбылыфэу щытами фӀыцӀафэ къатеуащ— Нал къута, 271
+2 örnek
Къэзмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592
Къурш Ӏущыгъэр уи гум илъым, Хъумэ, си псэ, зым иумыт— Къажэ, къажэ, псыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 48
Deyimler (1)
къуршым ихьэжын
ЗигъэкӀуэдын, бзэхын.
АрщхьэкӀэ Жыраслъэн и тхьэкӀумэм Инал и унафэр къызэрицырхъэу – бгъуэтмэ къащтэ, еуэри къуршым ихьэжащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516
+1 örnek
Жыраслъэн къуршым ихьэжауэ жаӀэ, къуршкъым, щӀы къатиблым щӀыхьами, тӀэщӀэкӀынукъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647
Kitapta geçtiği hali
КЪУРШ (203). 1. (184). Мывэу зэхэлъ бгы лъагэхэр. Жыжьэу уплъэмэ, къуршыр къалэм къеувэкӀауэ къеплъ хуэдэт, затхьэщӀауэ, къабзэлъабзэу, зэщӀэупсауэ я пыӀэ хужьхэр дэгъэкӀуэтеяуэ. Щынэхужьыкъуэ, 36. Къурш щхьэхужьхэм лъэныкъуитӀкӀэ Пшэр мэкъу хьэвэу иракъуэкӀ. Гъатхэр къыщихьэм. «Батырыбжьэ», 31. Ятелъкъым къуршхэм дыркъуэ мащӀэ. Къурш дыркъуэ. «Дамыгъэ», 213. 2. (16). плъыф. мыхь. Къуршым еин. Дыгъэр къурш щӀыбагъым щыкъухьэм къуэ кӀуэцӀым пшапэр щызэхэуащ, пшэ тхьэмбылыфэу щытами фӀыцӀафэ къатеуащ. Нал къута, 271. Къэзмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. Къурш Ӏущыгъэр уи гум илъым, Хъумэ, си псэ, зым иумыт. Къажэ, къажэ, псыӀэрышэ. «Батырыбжьэ», 48. ◊ Къуршым ихьэжын (3). ЗигъэкӀуэдын, бзэхын. АрщхьэкӀэ Жыраслъэн и тхьэкӀумэм Инал и унафэр къызэрицырхъэу – бгъуэтмэ къащтэ, еуэри къуршым ихьэжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 516. Жыраслъэн къуршым ихьэжауэ жаӀэ, къуршкъым, щӀы къатиблым щӀыхьами, тӀэщӀэкӀынукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647.