къурмэн сызыхуащӀын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым фӀыщӀэ щӀыхуащӀкӀэ зэрызэхуагъазэ псалъэ зэпха. -109.
[Хъадижэт жэм къезытам жреӀэ:] – А зи уз кӀуэдын, а къурмэн сызыхуащӀын— Щынэхужьыкъуэ, 16
+1 örnek
Дэфэрэдж и гур къызэфӀэна пэтрэ, и къуэм зыкъримыгъащӀэу, гуапагъэ, ӀэфӀыгъэ хэлъу къыпищащ: - НтӀэ, къурмэн сызыхуащӀыжын, сызрашэкӀыжын, си къарум хэщӀ фӀэкӀа хэхъуэркъым, жьы сохъу— Лъапсэ, 108
Kitapta geçtiği hali
КЪУРМЭН СЫЗЫХУАЩӀЫН (3). Зыгуэрым фӀыщӀэ щӀыхуащӀкӀэ зэрызэхуагъазэ псалъэ зэпха. [Хъадижэт жэм къезытам жреӀэ:] – А зи уз кӀуэдын, а къурмэн сызыхуащӀын. Щынэхужьыкъуэ, 16. Дэфэрэдж и гур къызэфӀэна пэтрэ, и къуэм зыкъримыгъащӀэу, гуапагъэ, ӀэфӀыгъэ хэлъу къыпищащ: - НтӀэ, къурмэн сызыхуащӀыжын, сызрашэкӀыжын, си къарум хэщӀ фӀэкӀа хэхъуэркъым, жьы сохъу. Лъапсэ, 108-109.