къун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(екъу)
Бгъэгъущын, бгъэгъун мурадкӀэ фэр башхэмкӀэ шэщӀын, шэщӀауэ зыгуэрым теӀулӀэн.
рурастянуть, распялить (шкуру)
Фэр къун.
(екъу)
Къэп, хъуржын с. ху. щызу, хуэфӀу зыгуэр илъхьэн, икуэн.
русильно набить, заполнить что-л. чем-л.
Гуэншэрыкъыр шэбийкӀэ якъурт.
(екъу)
УкӀын, убэрэжьын, удынхэр едзын.
руизбить, поколотить кого-л.
Сыкъигъэгубжьри щӀалэжьыр скъуащ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
къун I (екъу) перех. гл. растянуть, распялить (шкуру) / Бгъэгъущын, бгъэгъун мурадкӀэ фэр башхэмкӀэ шэщӀын, шэщӀауэ зыгуэрым теӀулӀэн. Фэр къун. II (екъу) перех. гл. сильно набить, заполнить что-л. чем-л. / Къэп, хъуржын с. ху. щызу, хуэфӀу зыгуэр илъхьэн, икуэн. Гуэншэрыкъыр шэбийкӀэ якъурт. III (екъу) перех. гл. избить, поколотить кого-л. / УкӀын, убэрэжьын, удынхэр едзын. * Сыкъигъэгубжьри щӀалэжьыр скъуащ. Къэб. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(екъу)
Бгъэгъущын, бгъэгъун мурадкӀэ фэр башхэмкӀэ шэщӀын, шэщӀауэ зыгуэрым теӀулӀэн.
Шыфэр трихти икъурт, игъэгъути нэмэзлыкъ цӀыкӀухэм хуэдиз хъуурэ ибзырти къелъэӀум яритырт— КӀапсэ кӀапэ, 6
+1 örnek
Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псомкӀэ къилэжьар— Къалэн, 429
(екъу)
Зыгуэрым щызу, хуэфӀу зыгуэр илъхьэн, икуэн.
Бекъан щызэхихым, къажриӀащ, «шкӀафэр зэгуэвдэж, хукхъуэ изу фкъу, итӀанэ жэмым илъагъуу вгъэув» жиӀэри— Щынэхужьыкъуэ, 9
(екъу)
Зыгуэр укӀын, убэрэжьын, удынхэр едзын.
[Мыщэм:] – Уи дзэлыфэр уэ умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым уи фэр ткъунщ, Къащтэ, пӀыгъым дрикъунщ— Бажэ пшынэ, 12
Kitapta geçtiği hali
КЪУН I (екъу) лъэӀ. (4). Бгъэгъущын, бгъэгъун мурадкӀэ фэр башхэмкӀэ шэщӀын, шэщӀауэ зыгуэрым теӀулӀэн. Шыфэр трихти икъурт, игъэгъути нэмэзлыкъ цӀыкӀухэм хуэдиз хъуурэ ибзырти къелъэӀум яритырт. КӀапсэ кӀапэ, 6. Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псомкӀэ къилэжьар. Къалэн, 429.
КЪУН II (екъу) лъэӀ. (1). Зыгуэрым щызу, хуэфӀу зыгуэр илъхьэн, икуэн. Бекъан щызэхихым, къажриӀащ, «шкӀафэр зэгуэвдэж, хукхъуэ изу фкъу, итӀанэ жэмым илъагъуу вгъэув» жиӀэри. Щынэхужьыкъуэ, 9.
КЪУН III (екъу) лъэӀ. (3). Зыгуэр укӀын, убэрэжьын, удынхэр едзын. [Мыщэм:] – Уи дзэлыфэр уэ умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым уи фэр ткъунщ, Къащтэ, пӀыгъым дрикъунщ. «Бажэ пшынэ», 12.