къулейсыз
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
тхьамыкӀ/тхьэмыщкӀэ, дэфыхыгъ/ дэхуэха, КЪУЛАЙЦЫЗ/КЪУЛЕЙСЫЗ; DÜŞKÜN 2 (YOKSUL)
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Мылъку зимыӀэ, къулеягъ зыбгъэдэмылъ (цӀыху); тхьэмыщкӀэ.
рубедный, неимущий
Къулейсызым дэӀэпыкъун.
2. ӀэпкълъэпкъкӀэ тхьэмыщкӀагъэ гуэр зыгъуэта, къулейсызыгъэ зыбгъэдэлъ.
рус физическим недостатком, убогий
- жиӀащ Тембот.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Kitapta geçtiği hali
къулейсыз 1. бедный, неимущий / Мылъку зимыӀэ, къулеягъ зыбгъэдэмылъ (цӀыху); тхьэмыщкӀэ. Къулейсызым дэӀэпыкъун. 2. переносное с физическим недостатком, убогий / ӀэпкълъэпкъкӀэ тхьэмыщкӀагъэ гуэр зыгъуэта, къулейсызыгъэ зыбгъэдэлъ. * -Сыту шы къулейсыз мыр, - жиӀащ Тембот. Къ. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Мылъку зимыӀэ, къулеягъ зыбгъэдэмылъ.
Зэрыщыт дыдэу жиӀэмэ, цӀыкӀухэм яшхын зымыгъуэт унагъуэ къулейсызи щыӀэт, итӀани еджакӀуэхэм зызымыгъэнщӀ яхэт дэнэ къэна, атӀэ гъатхэр къихьэмэ, пщыхьэщхьэкӀэ зи нэр хъэрахъэ щыӀэт, дагъэ зыщӀэлъ зэрамышхым къыхэкӀкӀэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 533
+2 örnek
Езым [Гунэуэс] бынибл иӀэу фызабэу, джэдкъурт анэ жыхуэпӀэну и сабийм ящхьэщыту къулейсыз дыдэу псэу щхьэкӀэ, гущӀэгъушхуэ хэлът, езыр хуэныкъуэ пэтми, псапэ ищӀэмэ, фӀэфӀт, лъэрызехьэт, цӀыху мышынэт, жьакӀуэт— ГущӀэгъу, 421
ЦӀыхур къулейсызщ, шхын щхьэкӀэ гугъу йохьыр, Ӏэбэлъабэр куэдщ— МелыӀыч, 450
2. ЦӀыху тхьэмыщкӀэхэ.
Иджы, мес, лӀы хъарзынэу къыщӀэкӀащ, «контрэр» игъэунэхъуауэ къулейсызыр егъэунэ— Нэгъуху, 20
+2 örnek
Беймрэ къулейсызымрэ псом нэхърэ нэхъыфӀу зэрызэхэбгъэкӀынур я къамэрт, дамэтелъым хуэдэу абы щхьэж и мылъкур здынэсыр къигъэлъагъуэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 84
Лыр молэм хуигъэхьащ, тхы сытхэр нэгъуэщӀ духьэшы дэсым, къулейсызхэм тӀэкӀутӀэкӀуу яхуигуэшащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 73
Deyimler (1)
къулейсыз хъун
Къарууншэ хъун, узыншагъэр фӀэкӀуэдын, лӀэным нэсын.
Нэгъуджэм [шоферым жреӀэ]: Иджыпсту сымаджэщым нэмыгъэсамэ, къулейсыз хъунущ [фызыр]— Гъуэгуанэ, 131
+1 örnek
Вадим [Анзор жреӀэ:]: [Фелшер] ЩӀэскъым, ныжэбэ къеджэри яшауэ иджыри къигъэзэжакъым. Фыз гуэр къулейсыз хъуа си гугъэщ— Гъуэгуанэ, 135
Kitapta geçtiği hali
КЪУЛЕЙСЫЗ (39). плъыф. 1. (19). Мылъку зимыӀэ, къулеягъ зыбгъэдэмылъ. Зэрыщыт дыдэу жиӀэмэ, цӀыкӀухэм яшхын зымыгъуэт унагъуэ къулейсызи щыӀэт, итӀани еджакӀуэхэм зызымыгъэнщӀ яхэт дэнэ къэна, атӀэ гъатхэр къихьэмэ, пщыхьэщхьэкӀэ зи нэр хъэрахъэ щыӀэт, дагъэ зыщӀэлъ зэрамышхым къыхэкӀкӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 533. Езым [Гунэуэс] бынибл иӀэу фызабэу, джэдкъурт анэ жыхуэпӀэну и сабийм ящхьэщыту къулейсыз дыдэу псэу щхьэкӀэ, гущӀэгъушхуэ хэлът, езыр хуэныкъуэ пэтми, псапэ ищӀэмэ, фӀэфӀт, лъэрызехьэт, цӀыху мышынэт, жьакӀуэт. ГущӀэгъу, 421. ЦӀыхур къулейсызщ, шхын щхьэкӀэ гугъу йохьыр, Ӏэбэлъабэр куэдщ. МелыӀыч, 450. 2. (17). щыӀ. мыхь. ЦӀыху тхьэмыщкӀэхэ. Иджы, мес, лӀы хъарзынэу къыщӀэкӀащ, «контрэр» игъэунэхъуауэ къулейсызыр егъэунэ. Нэгъуху, 20. Беймрэ къулейсызымрэ псом нэхърэ нэхъыфӀу зэрызэхэбгъэкӀынур я къамэрт, дамэтелъым хуэдэу абы щхьэж и мылъкур здынэсыр къигъэлъагъуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 84. Лыр молэм хуигъэхьащ, тхы сытхэр нэгъуэщӀ духьэшы дэсым, къулейсызхэм тӀэкӀутӀэкӀуу яхуигуэшащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 73. ◊ Къулейсыз хъун (3). Къарууншэ хъун, узыншагъэр фӀэкӀуэдын, лӀэным нэсын. Нэгъуджэм [шоферым жреӀэ]: Иджыпсту сымаджэщым нэмыгъэсамэ, къулейсыз хъунущ [фызыр]. Гъуэгуанэ, 131. Вадим [Анзор жреӀэ:]: [Фелшер] ЩӀэскъым, ныжэбэ къеджэри яшауэ иджыри къигъэзэжакъым. Фыз гуэр къулейсыз хъуа си гугъэщ. Гъуэгуанэ, 135.