къугъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэкъугъ)
1. Дыгъужь, хьэ с. ху. хэшауэ зэрыпщӀэум ироджэ.
рувыть
ХьэӀуцыдзхэр мэкъугъ.
2. ГущӀыхьэу гъын.
рупереносное просторечие выть, рыдать
Хьэсаншым и пщащэр мэкъугъ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
къугъын (мэкъугъ) неперех. гл. 1. выть / Дыгъужь, хьэ с. ху. хэшауэ зэрыпщӀэум ироджэ. ХьэӀуцыдзхэр мэкъугъ. 2. переносное просторечие выть, рыдать / ГущӀыхьэу гъын. * Хьэсаншым и пщащэр мэкъугъ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэкъугъ)
1. ХьэкӀэкхъуэкӀэхэм хэшауэ зэрыпщӀэум ироджэ.
Къаплъэн мэжалӀэ лӀэхэр зыӀурыбзаерт, къугъырт— Нал къута, 218
+1 örnek
Уи хьэкӀэкхъуэкӀи къэушри Лъагэу тӀысауэ мэкъугъ— Гъуэгъуакъэ уафэр… Вагъуэ махуэ, 17
2. ГущӀыхьэу гъын.
- ЯукӀащ, ягъэунэхъури ягъэсэхыжащ, - сымаджэм и анэр къэтэджыну еӀэ щхьэкӀэ, къару къыхэнэжакъым, къызэфӀэувати, аргуэру диваным иджэлэжащ, къугъыу къыщӀидзэжати, Варварэ Романовнэ аргуэру зы мастэ хиӀужри игъэсабырыжащ— Лъапсэ, 18
+1 örnek
Дэфэрэдж гуэщ кӀыфӀым щӀагуати, зиплъыхь щхьэкӀэ зыри илъагъунутэкъым, цӀыху куэд зэрыщӀэсым шэч хэлътэкъым, адэкӀэ-мыдэкӀэ хэт къугъыу, хэт къегъыхыу, хэти гъыным игъэундэращхъуэри заущэхужауэ хъыджэбз Ӏэджэ зэхэст— Лъапсэ, 32
3. Макъ Ӏей ину зыгуэрым ищӀын.
Машинэхэр къуажэм зэрыдэкӀыу, бгы дэгъэзеигъуэм дэпщейуэ щӀадзащ, я моторхэр, зыгуэр къащымыщӀащэрэт жыпӀэну, къугъыу— Лъапсэ, 68
+1 örnek
ХьэӀуцыдзым ядэкъугъыу, Жьыбгъэ макъыр бгыщхьэм итщ, Уэс хужь щӀакӀуэр жыгым щыгъыу, Зигъэщхъауэ сэнтхым тетщ— Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23
Kitapta geçtiği hali
КЪУГЪЫН (мэкъугъ) лъэмыӀ. (12). 1. (4). ХьэкӀэкхъуэкӀэхэм хэшауэ зэрыпщӀэум ироджэ. Къаплъэн мэжалӀэ лӀэхэр зыӀурыбзаерт, къугъырт. Нал къута, 218. Уи хьэкӀэкхъуэкӀи къэушри Лъагэу тӀысауэ мэкъугъ. Гъуэгъуакъэ уафэр… «Вагъуэ махуэ», 17. 2. (6). ГущӀыхьэу гъын. - ЯукӀащ, ягъэунэхъури ягъэсэхыжащ, - сымаджэм и анэр къэтэджыну еӀэ щхьэкӀэ, къару къыхэнэжакъым, къызэфӀэувати, аргуэру диваным иджэлэжащ, къугъыу къыщӀидзэжати, Варварэ Романовнэ аргуэру зы мастэ хиӀужри игъэсабырыжащ. Лъапсэ, 18. Дэфэрэдж гуэщ кӀыфӀым щӀагуати, зиплъыхь щхьэкӀэ зыри илъагъунутэкъым, цӀыху куэд зэрыщӀэсым шэч хэлътэкъым, адэкӀэ-мыдэкӀэ хэт къугъыу, хэт къегъыхыу, хэти гъыным игъэундэращхъуэри заущэхужауэ хъыджэбз Ӏэджэ зэхэст. Лъапсэ, 32. 3. (2). Макъ Ӏей ину зыгуэрым ищӀын. Машинэхэр къуажэм зэрыдэкӀыу, бгы дэгъэзеигъуэм дэпщейуэ щӀадзащ, я моторхэр, зыгуэр къащымыщӀащэрэт жыпӀэну, къугъыу. Лъапсэ, 68. ХьэӀуцыдзым ядэкъугъыу, Жьыбгъэ макъыр бгыщхьэм итщ, Уэс хужь щӀакӀуэр жыгым щыгъыу, Зигъэщхъауэ сэнтхым тетщ. Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23.