къуацэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ПыупщӀа, къраупщӀыкӀа, ауэ ямыухъуэнщӀу къэна жыг къудамэ, гъурц.

рухворост

Къуацэхэм къыхэщӀыкӀа пщыӀэ.

1. Лъэныкъуэ псомкӀи зэкӀэщӀэпхъауэ къудамэ куэд зытет (жыг).

руветвистый, разветвленный

Бзухэр щыуша жыг щхьэкӀэ къуацэхэр пцӀанэщ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

2. ЗэщӀэмыкъуа; мыжьа, бацэу щыт.

рулохматый

Щхьэ къуацэ. ПыӀэ къуацэ.

Bu maddedeki ifadeler (3)

къуацэкӀэ {Ӏуэхум} хэуэн

руусугубить что-л.

къуацэкӀэ {Ӏуэхум} къыхэуэн

къуацэкӀэ хэуэн

Зэадэзэкъуэри къуацэкӀэ Ӏуэхум къыхэуэнкӀэ хъунут.— КӀыщокъуэ Алим

хьэдзыгъуанэм къуацэкӀэ хэуэн

Еплъ: хьэдзыгъуанэ

Kitapta geçtiği hali

къуацэ I хворост / ПыупщӀа, къраупщӀыкӀа, ауэ ямыухъуэнщӀу къэна жыг къудамэ, гъурц. * Къуацэхэм къыхэщӀыкӀа пщыӀэ. КъуацэкӀэ {Ӏуэхум} хэуэн усугубить что-л. КъуацэкӀэ {Ӏуэхум} къыхэуэн = къуацэкӀэ хэуэн. * Зэадэзэкъуэри къуацэкӀэ Ӏуэхум къыхэуэнкӀэ хъунут. КӀ. А. Хьэдзыгъуанэм къуацэкӀэ хэуэн см. хьэдзыгъуанэ. II 1. ветвистый, разветвленный / Лъэныкъуэ псомкӀи зэкӀэщӀэпхъауэ къудамэ куэд зытет (жыг). * Бзухэр щыуша жыг щхьэкӀэ къуацэхэр пцӀанэщ. Щ. Ӏ. 2. переносное лохматый / ЗэщӀэмыкъуа; мыжьа, бацэу щыт. Щхьэ къуацэ. ПыӀэ къуацэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ПыупщӀа, къраупщӀыкӀа, ауэ ямыухъуэнщӀу къэна жыг къудамэ, гъурц.

Лу и ныбжьэгъухэм яхэтт къуацэ иӀыгъыу, кӀэкъузыр къиуӀэн и гугъэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 283

1. Лъэныкъуэ псомкӀи зэкӀэщӀэпхъауэ къудамэ куэд зытет (жыг).

Мей къуацэм гъэмахуэм пыз мэхъур Къудамэм пыблэблу мы куэд, Зылъагъур йохъуапсэр мы плъыжьхэм, Ар бжьыхьэм полъэлъыр, мэкӀуэд— Мей. «Шум и гъуэгу», 74

+1 örnek

Пхъэху жыг къуацэм щхьэщэ ящӀу Гъуэгум тету уэ уаблокӀ— Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76

2. Зыбгъырыпхъа, зыщӀэмыкъуа.

Жьэгум илъ мафӀэр зэрызэщӀагъэсту, унэ блыным ныбжь къуацэ зыбжанэ къыкӀэридзащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 262

+1 örnek

Пшэ къуацэ фӀыцӀэм я бгъафэм Бгы къуапэ щхъуэжьхэр къыщӀоплъ, Илъэс блэкӀахэм я мафӀэм И дэпхэр и гум къыщоплъ— Бгыхэр. «Бгы лъапэхэм деж», 36

3. ЗэщӀэмыкъуа; мыжьа, бацэу щыт.

Хьэ къуацэжьым догушыӀэр – Арщ а щӀалэм гъусэу иӀэр— Тисей, 488

+2 örnek

Жансэхъу кърита и пыӀэ къуацэр зыщхьэрикъуэри Лу унэм къыщӀэжащ, стройм хэувэну— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555

Уэ мыщэ бэлацэм Ӏэджэ уи гугъэнщ, Уи мыщафэ къуацэр Си гъуэм изубгъуэнщ— Бажэ пшынэ, 12

Kitapta geçtiği hali

КЪУАЦЭ I (1). ПыупщӀа, къраупщӀыкӀа, ауэ ямыухъуэнщӀу къэна жыг къудамэ, гъурц. Лу и ныбжьэгъухэм яхэтт къуацэ иӀыгъыу, кӀэкъузыр къиуӀэн и гугъэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 283.

КЪУАЦЭ II (19). плъыф. 1. (3). Лъэныкъуэ псомкӀи зэкӀэщӀэпхъауэ къудамэ куэд зытет (жыг). Мей къуацэм гъэмахуэм пыз мэхъур Къудамэм пыблэблу мы куэд, Зылъагъур йохъуапсэр мы плъыжьхэм, Ар бжьыхьэм полъэлъыр, мэкӀуэд. Мей. «Шум и гъуэгу», 74. Пхъэху жыг къуацэм щхьэщэ ящӀу Гъуэгум тету уэ уаблокӀ. Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76. 2. (2). Зыбгъырыпхъа, зыщӀэмыкъуа. Жьэгум илъ мафӀэр зэрызэщӀагъэсту, унэ блыным ныбжь къуацэ зыбжанэ къыкӀэридзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 262. Пшэ къуацэ фӀыцӀэм я бгъафэм Бгы къуапэ щхъуэжьхэр къыщӀоплъ, Илъэс блэкӀахэм я мафӀэм И дэпхэр и гум къыщоплъ. Бгыхэр. «Бгы лъапэхэм деж», 36. 3. (14). ЗэщӀэмыкъуа; мыжьа, бацэу щыт. Хьэ къуацэжьым догушыӀэр – Арщ а щӀалэм гъусэу иӀэр. «Тисей», 488. Жансэхъу кърита и пыӀэ къуацэр зыщхьэрикъуэри Лу унэм къыщӀэжащ, стройм хэувэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 555. Уэ мыщэ бэлацэм Ӏэджэ уи гугъэнщ, Уи мыщафэ къуацэр Си гъуэм изубгъуэнщ. «Бажэ пшынэ», 12.

Düzeltme Öner

къуацэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.