къуанщӀэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
къуанчӀэ/къуанщӀэ, ГРАЧ; KARGA
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Къуаргъ лъэпкъхэм ящыщ, щӀымахуэм хуабэ щӀыпӀэхэм лъэтэж къуалэбзу.
ругалка (птица)
ЗэуапӀэм къуанщӀэр щохуарзэ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
Bu maddedeki ifadeler (1)
къуанщӀэ пэплъ
КъуанщӀэ лъэпкъ.
руклушица (птица)
Kitapta geçtiği hali
къуанщӀэ галка (птица) / Къуаргъ лъэпкъхэм ящыщ, щӀымахуэм хуабэ щӀыпӀэхэм лъэтэж къуалэбзу. * ЗэуапӀэм къуанщӀэр щохуарзэ. Къэб. фольк. къуанщӀэ пэплъ клушица (птица) / КъуанщӀэ лъэпкъ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Къуаргъ лъэпкъхэм ящыщ, щӀымахуэм хуабэ щӀыпӀэхэм лъэтэж къуалэбзу.
«Ар [Нурхьэлий] здэкӀуэну и гугъэ! Уи щхьэц къуанщӀэм нихьэсыфынкъым, - жаӀэрти ядэртэкъым цӀыхуу ар зэхэзыххэм, - Мухьэмэд бегъымбарым хузэфӀэкӀакъым абы [дыщэ щыкуэд щӀыпӀэм] кӀуэныр».— Хъуэпсэгъуэ нур, 146
Atasözleri (1)
къуанщӀэр уи пашэм Ӏейм (шы лӀам) ухуешэ
Уи Ӏуэху зэрыхъунур уи пашэм елъытащ.
Авторым етхыр: «Бгъэр уи пашэмэ, къуршым я нэхъ лъагэм ущхьэпрокӀыр, къуанщӀэр уи пашэрэ – шы лӀар тӀысыпӀэ пхуэхъунущ», - жиӀэу— Нал къута, 252
+1 örnek
[Адыгэ лӀыжь гуэрым:] – Бгъэжьыр уи пашэм, къуршым урешэ, къуанщӀэр уи пашэм Ӏейм ухуешэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 126
Kitapta geçtiği hali
КЪУАНЩӀЭ (4). Къуаргъ лъэпкъхэм ящыщ, щӀымахуэм хуабэ щӀыпӀэхэм лъэтэж къуалэбзу. «Ар [Нурхьэлий] здэкӀуэну и гугъэ! Уи щхьэц къуанщӀэм нихьэсыфынкъым, - жаӀэрти ядэртэкъым цӀыхуу ар зэхэзыххэм, - Мухьэмэд бегъымбарым хузэфӀэкӀакъым абы [дыщэ щыкуэд щӀыпӀэм] кӀуэныр». Хъуэпсэгъуэ нур, 146. ☐ КъуанщӀэр уи пашэм Ӏейм (шы лӀам) ухуешэ (3). Уи Ӏуэху зэрыхъунур уи пашэм елъытащ. Авторым етхыр: «Бгъэр уи пашэмэ, къуршым я нэхъ лъагэм ущхьэпрокӀыр, къуанщӀэр уи пашэрэ – шы лӀар тӀысыпӀэ пхуэхъунущ», - жиӀэу. Нал къута, 252. [Адыгэ лӀыжь гуэрым:] – Бгъэжьыр уи пашэм, къуршым урешэ, къуанщӀэр уи пашэм Ӏейм ухуешэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 126.