кърым
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Ипщэ щӀыналъэ, Тенджыз ФӀыцӀэмрэ Азовскэ тенджызымрэ языхуаку дэлъщ
Дуней зылъэгъуам ящыщщ [ЩоджэнцӀыкӀур], Кърымым, Истамбыл, Баку щеджащ, Дагъыстаным щылэжьащ, абыхэм я гугъу щищӀкӀэ удимыхьэхыну Ӏэмал иӀэкъым.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
+2 örnek
Кърым дыщыӀэу сэ сощӀэжыр БгъуэнщӀагъ дыщӀэсу дыщыгъар, УӀэгъэ птелъу лъы къыпщӀэжыр Къыбдалъагъуну уи гугъат.— Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113
[Чэф зиӀэ гуэрым тхьэмадэм жреӀэ:] Кърымыр урыс пащтыхьым иубыдакъэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 59
2. Кърымым ейр.
[Дэфэрэдж:] Си нитӀыр сыгъэуфӀыцӀи, солъагъур Мэтрэдж къалэ жаӀэу иджы Тамань здэщытым деж щытыгъар, кърым сеймэнхэм тенджызыр къызэпаупщӀа нэужь, а къалэр арат хэщӀапӀэу яӀар, адыгэм ятеуэным зыхуагъэхьэзыру.— Лъапсэ, 5
+2 örnek
Кърым хъаным икӀэщӀыпӀэкӀэ дзэ къигъэкӀуащ, абы зауэ къикӀри хьэлэч зэрыгъэхъуу хуежьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617
[Мэмэт-щӀакъуэм Сеймэн жреӀэ:] УкъызыхэкӀар зэбгъэщӀэну ухуеймэ, УрысеймкӀэ уемыплъэкӀыу кърым тэтэрхэм я лъэужьыр ху.— Лъапсэ, 48
Kitapta geçtiği hali
КЪРЫМ (15). 1. (4). Ипщэ щӀыналъэ, Тенджыз ФӀыцӀэмрэ Азовскэ тенджызымрэ языхуаку дэлъщ. Дуней зылъэгъуам ящыщщ [ЩоджэнцӀыкӀур], Кърымым, Истамбыл, Баку щеджащ, Дагъыстаным щылэжьащ, абыхэм я гугъу щищӀкӀэ удимыхьэхыну Ӏэмал иӀэкъым. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. Кърым дыщыӀэу сэ сощӀэжыр БгъуэнщӀагъ дыщӀэсу дыщыгъар, УӀэгъэ птелъу лъы къыпщӀэжыр Къыбдалъагъуну уи гугъат. Кулиев Къайсын. «Мывэ хуабэ», 113. [Чэф зиӀэ гуэрым тхьэмадэм жреӀэ:] Кърымыр урыс пащтыхьым иубыдакъэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 59. 2. (11). плъыф. мыхь. Кърымым ейр. [Дэфэрэдж:] Си нитӀыр сыгъэуфӀыцӀи, солъагъур Мэтрэдж къалэ жаӀэу иджы Тамань здэщытым деж щытыгъар, кърым сеймэнхэм тенджызыр къызэпаупщӀа нэужь, а къалэр арат хэщӀапӀэу яӀар, адыгэм ятеуэным зыхуагъэхьэзыру. Лъапсэ, 5. Кърым хъаным икӀэщӀыпӀэкӀэ дзэ къигъэкӀуащ, абы зауэ къикӀри хьэлэч зэрыгъэхъуу хуежьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617. [Мэмэт-щӀакъуэм Сеймэн жреӀэ:] УкъызыхэкӀар зэбгъэщӀэну ухуеймэ, УрысеймкӀэ уемыплъэкӀыу кърым тэтэрхэм я лъэужьыр ху. Лъапсэ, 48.