къру
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
къру/къырыу, къэрэу; TURNA KUŞU
къырыу/къру, къэрэу; TURNA KUŞU
къэрэу, къырыу/къру; TURNA KUŞU
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ПсыпцӀэ къуалэбзу лъэпкъ, и пщэр, и лъакъуэхэр кӀыхьу.
ружуравль
Кърухэр кӀапсэлъэрышэу уэгум лъагэу итщи, я макъ ягъаджэ.— КӀэрашэ Тембот
+1 örnek
Кърум шыр имыӀэмэ, зы бзущ.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
къру журавль / ПсыпцӀэ къуалэбзу лъэпкъ, и пщэр, и лъакъуэхэр кӀыхьу. * Кърухэр кӀапсэлъэрышэу уэгум лъагэу итщи, я макъ ягъаджэ. КӀ. Т. Кърум шыр имыӀэмэ, зы бзущ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Кърухэм къажьэдэкӀ макъ.
«Къру» жиӀэу джэурэ и макъыр къурш сытхэм жьэхоуэри джэрпэджэжу къигъэзэжыр къру пашэм япэ зэхехыж.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543
+1 örnek
Абдеж хьэӀуцыдз макъи фочауэ макъи ипщэкӀэ къыщыӀуу жьыбгъэм къихьати, ар кърум я тхьэкӀумэм къызэрицырхъэу я пашэр дэлъейщ-дэпкӀейри: - Къру-къру!— Кхъухь пхэнж, 496
2. ПсыпцӀэ къуалэбзу лъэпкъ, и пщэр, и лъакъуэхэр кӀыхьу.
Мо къру къоми сыту я насып, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, зым зыр дэӀэпыкъуу къыздикӀа лъэныкъуэмкӀэ ягъэзэж, ящӀэу къыщӀэкӀынущ, тӀэкӀу дэкӀмэ, мыбыкӀэ уае къызэрыхъунур.— Кхъухь пхэнж, 495
+2 örnek
Езыри [Сентрал] щытт лъакъуэ закъуэкӀэ кърум ещхьу, и куэпкъым аркъэ шэтвэрыр тегъэувауэ.— Нал къута, 288
Кърукъэ, жыпӀэу, мэкъум хэтым ЗэкӀэлъхьэужьу мэкъу паупщӀ [мэкъуауэхэм], Аргъынэр дахэу ирахьэкӀыр, Ар къайхьэлъэкӀыуи къыпфӀэмыщӀ.— Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233
3. Кърум ейр.
Джэлил бабыщыхъум пидзыжащ: - Укъру лъэпкъыу жыбоӀэ, сэри кърум сыкърамышатэмэ, кърум нэхърэ нэхъ лъагэу сылъэтэнт, уэ пхуэдэуи сыцыджынт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475
+2 örnek
Бжьыхьэ жьапщэр уэс къесыгъуэм Къру гъыбзэу сэ къысфӀощӀ.— Бзэр уи анэрщ уэзыгъащӀэр. «Батырыбжьэ», 61
Къру кӀуэкӀэу ахэр [тхылъ еджэхэр] кӀуэми, КӀуэуэ парадым уи гугъэнщ.— Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 337
Atasözleri (1)
къру пашэр щыуэжыкъуэ хъумэ, абы кӀэлъыкӀуэ къру псори дэхуэха мэхъу
Ӏуэхур зэрыхъунур унафэщӀым, пашэм елъытащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ – дуней акъылыр а зы лӀым къритами, щымыуэн Алыхьым къигъэщӀакъым, къру пашэр щыуэжыкъуэ хъумэ, абы кӀэлъыкӀуэ къру псори дэхуэха хъунущ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544
Kitapta geçtiği hali
КЪРУ (45). 1. (3). Кърухэм къажьэдэкӀ макъ. «Къру» жиӀэу джэурэ и макъыр къурш сытхэм жьэхоуэри джэрпэджэжу къигъэзэжыр къру пашэм япэ зэхехыж. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. Абдеж хьэӀуцыдз макъи фочауэ макъи ипщэкӀэ къыщыӀуу жьыбгъэм къихьати, ар кърум я тхьэкӀумэм къызэрицырхъэу я пашэр дэлъейщ-дэпкӀейри: - Къру-къру! Кхъухь пхэнж, 496. 2. (34). ПсыпцӀэ къуалэбзу лъэпкъ, и пщэр, и лъакъуэхэр кӀыхьу. Мо къру къоми сыту я насып, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, зым зыр дэӀэпыкъуу къыздикӀа лъэныкъуэмкӀэ ягъэзэж, ящӀэу къыщӀэкӀынущ, тӀэкӀу дэкӀмэ, мыбыкӀэ уае къызэрыхъунур. Кхъухь пхэнж, 495. Езыри [Сентрал] щытт лъакъуэ закъуэкӀэ кърум ещхьу, и куэпкъым аркъэ шэтвэрыр тегъэувауэ. Нал къута, 288. Кърукъэ, жыпӀэу, мэкъум хэтым ЗэкӀэлъхьэужьу мэкъу паупщӀ [мэкъуауэхэм], Аргъынэр дахэу ирахьэкӀыр, Ар къайхьэлъэкӀыуи къыпфӀэмыщӀ. Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233. 3. (8). плъыф. мыхь. Кърум ейр. Джэлил бабыщыхъум пидзыжащ: - Укъру лъэпкъыу жыбоӀэ, сэри кърум сыкърамышатэмэ, кърум нэхърэ нэхъ лъагэу сылъэтэнт, уэ пхуэдэуи сыцыджынт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475. Бжьыхьэ жьапщэр уэс къесыгъуэм Къру гъыбзэу сэ къысфӀощӀ. Бзэр уи анэрщ уэзыгъащӀэр. «Батырыбжьэ», 61. Къру кӀуэкӀэу ахэр [тхылъ еджэхэр] кӀуэми, КӀуэуэ парадым уи гугъэнщ. Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 337. ☐ Къру пашэр щыуэжыкъуэ хъумэ, абы кӀэлъыкӀуэ къру псори дэхуэха мэхъу (1). Ӏуэхур зэрыхъунур унафэщӀым, пашэм елъытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ – дуней акъылыр а зы лӀым къритами, щымыуэн Алыхьым къигъэщӀакъым, къру пашэр щыуэжыкъуэ хъумэ, абы кӀэлъыкӀуэ къру псори дэхуэха хъунущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544.