къом
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Куэд.
румножество, многие
Къэлыба цӀыху къомыр пщӀантӀэм къызэрыдох.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан
Kitapta geçtiği hali
къом множество, многие / Куэд. * Къэлыба цӀыху къомыр пщӀантӀэм къызэрыдох. Хь. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Куэд.
Аузым дэс къомри мэгузавэ, зэзакъуэ гъуэгур яухыу къуршым дыщхьэдэхащэрэт, птулъкӀэм дисым хуэдэщ, птулъкӀащхьэр Ӏуаудрэ – дикӀынщ, Ӏуамыудрэ – дибэмпӀыхьынщ, жаӀэу.— Нал къута, 292
+2 örnek
ЛӀыжьыр хьэщӀэу щыӀэхункӀэ Мес, Анзоррэ Чэриуанрэ ПщыӀэм тесу нэху щыхункӀэ Хъарбыз къомри, я хъэуанри А щӀалитӀым яхъумэнущ, - ЛӀыжьым и пӀэ иувэнущ.— Тисей, 479
Астемыр ар [абы и гугъу зэращӀыр] зэхихи хуэдэт, арщхьэкӀэ зимыщӀэжу щылът, и куэ ижьри и блыпкъри уӀэгъэ хъуауэ, лъы къыщӀэжа къомыр и щыгъыным зыщӀафарэ хьэлэч хъуауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 170
Kitapta geçtiği hali
КЪОМ (452). нареч. Куэд. Аузым дэс къомри мэгузавэ, зэзакъуэ гъуэгур яухыу къуршым дыщхьэдэхащэрэт, птулъкӀэм дисым хуэдэщ, птулъкӀащхьэр Ӏуаудрэ – дикӀынщ, Ӏуамыудрэ – дибэмпӀыхьынщ, жаӀэу. Нал къута, 292. ЛӀыжьыр хьэщӀэу щыӀэхункӀэ Мес, Анзоррэ Чэриуанрэ ПщыӀэм тесу нэху щыхункӀэ Хъарбыз къомри, я хъэуанри А щӀалитӀым яхъумэнущ, - ЛӀыжьым и пӀэ иувэнущ. «Тисей», 479. Астемыр ар [абы и гугъу зэращӀыр] зэхихи хуэдэт, арщхьэкӀэ зимыщӀэжу щылът, и куэ ижьри и блыпкъри уӀэгъэ хъуауэ, лъы къыщӀэжа къомыр и щыгъыным зыщӀафарэ хьэлэч хъуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 170.