къихутэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къохутэ)
ЗыщӀыпӀэ къыщыщӀидзын.
рупоявиться, оказаться, очутиться внезапно внутри чего-л.
Джэгу утыкум къихутамэ, къыпеуэну ящӀкъым дзыхь.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм
Kitapta geçtiği hali
къихутэн (къохутэ) неперех. гл. появиться, оказаться, очутиться внезапно внутри чего-л. / ЗыщӀыпӀэ къыщыщӀидзын. * Джэгу утыкум къихутамэ, къыпеуэну ящӀкъым дзыхь. Щ. Ӏ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къохутэ)
1. ЗыщӀыпӀэ къыщыщӀидзын.
Гъуэгур километрий мэхъу, ар пкӀумэ, къуршым ущхьэдэхащ, Грузием я щӀыналъэм укъихутащ.— Нал къута, 298
+2 örnek
ПцӀы хэлътэкъым, Лу и пащхьэм къихутауэ бэуапӀэ къезымытыр Жыраслъэнт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 594
Астемыр зыри жимыӀэу шым шэсыну щыбгъэдыхьэм, емылыджым лӀитӀри лъэдакъэкӀэ игъавэу ирилъэфэжьауэ илъэфу хуежьащ, арщхьэкӀэ аргуэру зэ дэлъеигъуэм лӀыр уанэгум къихутащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 164
2. Къыщалъхун.
Сабий унагъуэм къихутащи, Жыгышхуэ хъуну щогуфӀыкӀ, КъыпыкӀэм цӀыхур игъэгуфӀэу, Жыг тхьэмпэм жьыбгъэр хремыкӀ.— Хъуэхъу. «Вагъуэ махуэ», 25
Kitapta geçtiği hali
КЪИХУТЭН (къохутэ) лъэмыӀ. (7). 1. (6). ЗыщӀыпӀэ къыщыщӀидзын. Гъуэгур километрий мэхъу, ар пкӀумэ, къуршым ущхьэдэхащ, Грузием я щӀыналъэм укъихутащ. Нал къута, 298. ПцӀы хэлътэкъым, Лу и пащхьэм къихутауэ бэуапӀэ къезымытыр Жыраслъэнт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 594. Астемыр зыри жимыӀэу шым шэсыну щыбгъэдыхьэм, емылыджым лӀитӀри лъэдакъэкӀэ игъавэу ирилъэфэжьауэ илъэфу хуежьащ, арщхьэкӀэ аргуэру зэ дэлъеигъуэм лӀыр уанэгум къихутащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 164. 2. (1). Къыщалъхун. Сабий унагъуэм къихутащи, Жыгышхуэ хъуну щогуфӀыкӀ, КъыпыкӀэм цӀыхур игъэгуфӀэу, Жыг тхьэмпэм жьыбгъэр хремыкӀ. Хъуэхъу. «Вагъуэ махуэ», 25.