къещэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кърещэж)
Зыгуэрым ейуэ щытар уасэ къеӀыпхыу етыжын.
Къуажэм цӀыхухъу е цӀыхубз дэбзэхыкӀамэ, цӀыхухъуу дэсыр шэсурэ ХьэтӀрэмтӀыгу кхъухь тедзапӀэмкӀэ жэуэ щытащ, ядыгъуар къыщагъуэтыжи Ӏэджэрэ къэхъуащ, иныкъуэми къагъуэтыжа щхьэкӀэ, къэщэхужын хуейуэ зыщэхуам хъыджэбзыр кърищэжын имыдэмэ, зэзауэрт, е ящэхуар къэкӀуэсэжырт, зыпылъу щыта щӀалэм и гъусэу ежьэжырти, урыс къалэ гуэрым и гъунэгъуу тӀысыжырт, щӀапӀэ къратам унэ иращӀыхьыжауэ.— Лъапсэ, 34
+1 örnek
[Хьэбибэ гъавэр зыщэм жреӀэ:] Ди Ӏэдакъэм къыщӀэкӀа гъавэр къэбдыгъуауэ къыдыбощэж.— Нал къута, 276
Kitapta geçtiği hali
КЪЕЩЭЖЫН (кърещэж) лъэӀ. (2). Зыгуэрым ейуэ щытар уасэ къеӀыпхыу етыжын. Къуажэм цӀыхухъу е цӀыхубз дэбзэхыкӀамэ, цӀыхухъуу дэсыр шэсурэ ХьэтӀрэмтӀыгу кхъухь тедзапӀэмкӀэ жэуэ щытащ, ядыгъуар къыщагъуэтыжи Ӏэджэрэ къэхъуащ, иныкъуэми къагъуэтыжа щхьэкӀэ, къэщэхужын хуейуэ зыщэхуам хъыджэбзыр кърищэжын имыдэмэ, зэзауэрт, е ящэхуар къэкӀуэсэжырт, зыпылъу щыта щӀалэм и гъусэу ежьэжырти, урыс къалэ гуэрым и гъунэгъуу тӀысыжырт, щӀапӀэ къратам унэ иращӀыхьыжауэ. Лъапсэ, 34. [Хьэбибэ гъавэр зыщэм жреӀэ:] Ди Ӏэдакъэм къыщӀэкӀа гъавэр къэбдыгъуауэ къыдыбощэж. Нал къута, 276.