къехьэхын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ещэхын/ешэхын (рещэхы/ирешэх); къещэхын/къешэхын (къырещэхы/ кърешэх); ЕХЬЭХЫН (рехьэхы/ ирехьэх); КЪЕХЬЭХЫН (къырехьэхы/кърехьэх); ЕГЪЭХЫН (регъэхы/ирегъэх); КЪЕГЪЭХЫН (къырегъэхы/кърегъэх); İNDİRMEK (çekerek/eğerek öteye ~)
КЪЕХЬЭХЫН → ещехын; İNDİRMEK (taşıyarak beriye ~)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: ещехын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(кърехьэх)
руа)
1. ИщхьэмкӀэ, лъагапӀэ гуэрым щыӀэр и лъабжьэмкӀэ къэхьын, пӀыгъыу укъехын.
руснести кого-что-л. вниз
Бэдэху чэщанащхьэм тест дыщэ уагъэ зэридзэуи.. Сосрыкъуэ дэӀэбейри кърихьэхри и шыплӀэм къыдигъэтӀысхьэри къеуэри къежьэжащ.— Нартхэр
2. Псым къихьын.
рунести кого-что-л. вниз (течением, волной)
Псы къиуам жыгышхуэ кърехьэх.
3. Дэхьеяуэ, дэшеяуэ щыт гуэр къегъэхын. Дэхьеяуэ, Ӏэтауэ щымытын, къешэхауэ щытын.
руопустить что-л. вниз
ПщампӀэр къехьэхын. б) (къехьэхащ) неперех. гл. быть опущенным
+1 örnek
Ӏэщхьэр къехьэхащ.
Kitapta geçtiği hali
къехьэхын (кърехьэх) перех. гл. а) 1. снести кого-что-л. вниз / ИщхьэмкӀэ, лъагапӀэ гуэрым щыӀэр и лъабжьэмкӀэ къэхьын, пӀыгъыу укъехын. * Бэдэху чэщанащхьэм тест дыщэ уагъэ зэридзэуи.. Сосрыкъуэ дэӀэбейри кърихьэхри и шыплӀэм къыдигъэтӀысхьэри къеуэри къежьэжащ. Нарт. 2. нести кого-что-л. вниз (течением, волной) / Псым къихьын. Псы къиуам жыгышхуэ кърехьэх. 3. опустить что-л. вниз / Дэхьеяуэ, дэшеяуэ щыт гуэр къегъэхын. ПщампӀэр къехьэхын. б) (къехьэхащ) неперех. гл. быть опущенным / Дэхьеяуэ, Ӏэтауэ щымытын, къешэхауэ щытын. Ӏэщхьэр къехьэхащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кърехьэх)
1. ИщхьэмкӀэ, лъагапӀэ гуэрым щыӀэр и лъабжьэмкӀэ къэхьын, пӀыгъыу укъехын.
Шым хъыджэбзыр къырахьэхыр, ФӀыщӀэ хуащӀыр, йодэхащӀэ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 44
+2 örnek
Жьыбгъэм пшэхэр зыхапхъуатэу Уэгум илъыр къырахьэхыр.— Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 78
Бжьыныху фӀэдзащи уи пкӀэунэм, ДэкӀуей пкӀэлъейкӀи ар къехьэх.— Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380
2. Псым къихьын.
Пасэ зэманым а къуажэм [Щхьэлмывэкъуэ] дэсыр щхьэл мывэкӀэ Ӏэзэу щытащ, ищхьэкӀэ удэкӀмэ, щхьэл мывэ гъуэзэджэ къызыхэпх хъуну мывэр гъунэжу бгъуэтырт, е бгы лъапэм деж щылъу, е псым кърихьэхауэ псыхъуэм дэлъу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 49
+1 örnek
[Шэрэджыпс:] Джабэ лъагэм щыпаупщӀу Пхъэр сэ щӀыбкӀэ къызохьэхыр, - Шэрэджыпсым икъукӀэ ӀупщӀу ЩӀэгубжьэжу ар къеӀуатэ, - Дауи тыншкъым бгы зэхуакум Пхъэр къыдэпхыу къепхьэхыну.— Терек. «Партыр ди пашэу», 119
Kitapta geçtiği hali
КЪЕХЬЭХЫН (кърехьэх) лъэӀ. (9). 1. (5). ИщхьэмкӀэ, лъагапӀэ гуэрым щыӀэр и лъабжьэмкӀэ къэхьын, пӀыгъыу укъехын. Шым хъыджэбзыр къырахьэхыр, ФӀыщӀэ хуащӀыр, йодэхащӀэ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 44. Жьыбгъэм пшэхэр зыхапхъуатэу Уэгум илъыр къырахьэхыр. Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 78. Бжьыныху фӀэдзащи уи пкӀэунэм, ДэкӀуей пкӀэлъейкӀи ар къехьэх. Ди унэжь. «Щхьэлыкъуэ», 380. 2. (4). Псым къихьын. Пасэ зэманым а къуажэм [Щхьэлмывэкъуэ] дэсыр щхьэл мывэкӀэ Ӏэзэу щытащ, ищхьэкӀэ удэкӀмэ, щхьэл мывэ гъуэзэджэ къызыхэпх хъуну мывэр гъунэжу бгъуэтырт, е бгы лъапэм деж щылъу, е псым кърихьэхауэ псыхъуэм дэлъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 49. [Шэрэджыпс:] Джабэ лъагэм щыпаупщӀу Пхъэр сэ щӀыбкӀэ къызохьэхыр, - Шэрэджыпсым икъукӀэ ӀупщӀу ЩӀэгубжьэжу ар къеӀуатэ, - Дауи тыншкъым бгы зэхуакум Пхъэр къыдэпхыу къепхьэхыну. Терек. «Партыр ди пашэу», 119.