къелъэфэлӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(кърелъэфалӀэ)
1. Зыгуэр зыщӀыпӀэ лъэфурэ ешэлӀэн, и гъунэгъу щӀын, нэгъэсын.
руподтащить, подтянуть кого-что-л. к кому-чему-л.
{Къемэт:} - Ахьмэд, {чы} пывупщӀахэр бжьэпэм къефлъэфалӀэ.— Ӏуащхьэмахуэ
2. Мылъку зэхуэлъэфэсын, куэд къехьэлӀэн.
рупросторечие тащить, заниматься стяжательством
Дэнэ щыӀэри кърилъэфалӀэурэ, къулей хъуащ лӀы нэпсейр.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
къелъэфэлӀэн (кърелъэфалӀэ) перех. гл. 1. подтащить, подтянуть кого-что-л. к кому-чему-л. / Зыгуэр зыщӀыпӀэ лъэфурэ ешэлӀэн, и гъунэгъу щӀын, нэгъэсын. * {Къемэт:} - Ахьмэд, {чы} пывупщӀахэр бжьэпэм къефлъэфалӀэ. Ӏуащхь. 2. просторечие тащить, заниматься стяжательством / Мылъку зэхуэлъэфэсын, куэд къехьэлӀэн. * Дэнэ щыӀэри кърилъэфалӀэурэ, къулей хъуащ лӀы нэпсейр. Къэб. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кърелъэфалӀэ)
Зыгуэр зыщӀыпӀэ плъэфурэ ешэлӀэн, и гъунэгъу щӀын, нэгъэсын.
Псори ӀэкӀэ ящӀырт, цӀыху къарукӀэ псым пэлъэщыгъуейт, трактор закъуэ яӀэмэ, къурыкъу паупщӀыр кърилъэфалӀэрт, зэзэмызэ мывэм гъущӀ кӀапсэ аркъэн щадзэрти тракторкӀэ къалъэфырт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
Kitapta geçtiği hali
КЪЕЛЪЭФЭЛӀЭН (кърелъэфалӀэ) лъэӀ. (1). Зыгуэр зыщӀыпӀэ плъэфурэ ешэлӀэн, и гъунэгъу щӀын, нэгъэсын. Псори ӀэкӀэ ящӀырт, цӀыху къарукӀэ псым пэлъэщыгъуейт, трактор закъуэ яӀэмэ, къурыкъу паупщӀыр кърилъэфалӀэрт, зэзэмызэ мывэм гъущӀ кӀапсэ аркъэн щадзэрти тракторкӀэ къалъэфырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515.