къелъэфэкӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(кърелъэфэкӀ)

1. Зыгуэр плъэфурэ къэкӀухьын, зыгуэр зыщӀыпӀэкӀэ лъэфын.

рутянуть, тащить кого-что-л. за собой

Хьэм зыгуэр кърелъэфэкӀ.

2. Зыгуэр къыздешэкӀын, къыздехьэкӀын.

рупросторечие таскаться с кем-чем-л.

Хъуэжэ и гъусэр куэдрэ кърилъэфэкӀащ зыхуей унэр къагъуэтыхукӀэ.— ӀуэрыӀуатэ

3. Зыгуэрым елӀэлӀэн, зыгуэр зехьэзелъэфэн.

рупереносное просторечие возиться с кем-л.

{Алимырзэ:} - Зы делэ гуп къыдолъэфэкӀ, ящӀэф щымыӀэу.— Щомахуэ Амырхъан

Kitapta geçtiği hali

къелъэфэкӀын (кърелъэфэкӀ) перех. гл. 1. тянуть, тащить кого-что-л. за собой / Зыгуэр плъэфурэ къэкӀухьын, зыгуэр зыщӀыпӀэкӀэ лъэфын. Хьэм зыгуэр кърелъэфэкӀ. 2. просторечие таскаться с кем-чем-л. / Зыгуэр къыздешэкӀын, къыздехьэкӀын. * Хъуэжэ и гъусэр куэдрэ кърилъэфэкӀащ зыхуей унэр къагъуэтыхукӀэ. фольк. 3. переносное просторечие возиться с кем-л. / Зыгуэрым елӀэлӀэн, зыгуэр зехьэзелъэфэн. * {Алимырзэ:} - Зы делэ гуп къыдолъэфэкӀ, ящӀэф щымыӀэу. Щ. Ам.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(кърелъэфэкӀ)

1. Зыгуэр плъэфурэ къэкӀухьын, зыгуэр зыщӀыпӀэкӀэ лъэфын. -481.

Адакъэ хужьыр щыжьэхэлъэм, Джэлил къапхъуэри инкубаторыкъуэ адакъэм и сыдж плъыжьыбзэр зыӀэригъэхьэри еӀэурэ-еӀэурэ адакъэ хужьыр ӀумпӀафӀэ ищӀауэ джэдкъазым къалъагъуу кърешэкӀ, кърелъэфэкӀ, и адакъагъэр здынэсыр зригъэщӀэну— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480

+1 örnek

[Шымрэ шыдхэмрэ] Я кӀэтӀийр зэпитхъыху хьэлъэ къралъэфэкӀри, зэрыщытым къытренэ.— Кхъухь пхэнж, 497

2. Зыгуэр къыздехьэкӀын.

Татхэм ящыщ лӀы лъахъшэ гуэрым сэшхуэ кӀыхь кӀэрыщӀауэ щӀым трилъафэу кърилъэфэкӀырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 323

Kitapta geçtiği hali

КЪЕЛЪЭФЭКӀЫН (кърелъэфэкӀ) лъэӀ. (4). 1. (3). Зыгуэр плъэфурэ къэкӀухьын, зыгуэр зыщӀыпӀэкӀэ лъэфын. Адакъэ хужьыр щыжьэхэлъэм, Джэлил къапхъуэри инкубаторыкъуэ адакъэм и сыдж плъыжьыбзэр зыӀэригъэхьэри еӀэурэ-еӀэурэ адакъэ хужьыр ӀумпӀафӀэ ищӀауэ джэдкъазым къалъагъуу кърешэкӀ, кърелъэфэкӀ, и адакъагъэр здынэсыр зригъэщӀэну. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480-481. [Шымрэ шыдхэмрэ] Я кӀэтӀийр зэпитхъыху хьэлъэ къралъэфэкӀри, зэрыщытым къытренэ. Кхъухь пхэнж, 497. 2. (1). къызэр. Зыгуэр къыздехьэкӀын. Татхэм ящыщ лӀы лъахъшэ гуэрым сэшхуэ кӀыхь кӀэрыщӀауэ щӀым трилъафэу кърилъэфэкӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 323.

Düzeltme Öner

къелъэфэкӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.