къелъэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къолъэ)

1. КъепкӀэн, псынщӀэу къехын, къепкӀыхын.

руспрыгнуть с чего-л.; прыгнуть вниз

Мыщэр шым къелъэри къуэм дэлъэдэжащ.— КъардэнгъущӀ Зырамыку

2. Зыгуэрым къыщхьэпрылъын, къызэпрылъын.

руперепрыгнуть через кого-что-л.

КӀэнауэм къелъэн.

3. ЛъагапӀэ гуэрым къехуэхын, къежэхын (псыр).

рупадать, низвергаться (о потоке)

Бахъсэныжь ябгэр.. Къолъэр хъушышэу Бгым и лъагапӀэм.— ПащӀэ Бэчмырзэ

Kitapta geçtiği hali

къелъэн (къолъэ) неперех. гл. 1. спрыгнуть с чего-л.; прыгнуть вниз / КъепкӀэн, псынщӀэу къехын, къепкӀыхын. * Мыщэр шым къелъэри къуэм дэлъэдэжащ. Къ. З. 2. перепрыгнуть через кого-что-л. / Зыгуэрым къыщхьэпрылъын, къызэпрылъын. КӀэнауэм къелъэн. 3. переносное падать, низвергаться (о потоке) / ЛъагапӀэ гуэрым къехуэхын, къежэхын (псыр). * Бахъсэныжь ябгэр.. Къолъэр хъушышэу Бгым и лъагапӀэм. П. Б.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къолъэ)

1. КъепкӀэн, псынщӀэу къехын, къепкӀыхын.

Си щӀыбым илъ си сабий цӀыкӀу закъуэр имытхьэлащэрэт жиӀэу гузэсэжырт Дэфэрэдж кхъухьым къелъэу псым щыхэпкӀам щыгъуэ— Лъапсэ, 53

+2 örnek

Езы шуми абдеж щытхэм гу къалъитэри къелъэдэкъауэу къэсащ, шы зытесым къелъэри [Тембот] и адэми адрейхэми ӀэплӀэ къахуищӀащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 316

Бгы натӀэм тети зы жыгей, Ар бгым къелъэну щӀегъуэжа КъысфӀэщӀу, сэри сыдоплъей— Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112

2. Зыгуэрым къыщхьэпрылъын, къызэпрылъын.

Лу и пхъуантэ цӀыкӀур къищтэжри кӀэнауэм къелъащ, машинэм иутх ятӀэпсыр къылъэмыӀэсыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526

3. ЛъагапӀэ гуэрым къехуэхын, къежэхын (п.п. псы).

[Бахъсэнышхуэм:] Бгым и кӀуэцӀкӀэ куэд къэскӀуауэ Нэпкъым лъагэу сыкъелъакъэ, Турбинэшхуэр згъэкӀэрахъуэу Гугъу а щӀыпӀэм сыщехьакъэ— Терек. «Партыр ди пашэу», 121

+2 örnek

ПсыӀэрышэу нэпкъым къелъэм Сэ щхьэл цӀыкӀуи пхутесщӀэнщ— УбзэмыӀумэ, бгъуэтыжынкъым… Батырыбжьэ, 53

Бгым къелъэ псышхуэм и макъ уардэу, Мэзкуу салютхэр зэхыдох.— Салют. «Шум и гъуэгу», 10

Kitapta geçtiği hali

КЪЕЛЪЭН (къолъэ) лъэмыӀ. (28). 1. (16). КъепкӀэн, псынщӀэу къехын, къепкӀыхын. Си щӀыбым илъ си сабий цӀыкӀу закъуэр имытхьэлащэрэт жиӀэу гузэсэжырт Дэфэрэдж кхъухьым къелъэу псым щыхэпкӀам щыгъуэ. Лъапсэ, 53. Езы шуми абдеж щытхэм гу къалъитэри къелъэдэкъауэу къэсащ, шы зытесым къелъэри [Тембот] и адэми адрейхэми ӀэплӀэ къахуищӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 316. Бгы натӀэм тети зы жыгей, Ар бгым къелъэну щӀегъуэжа КъысфӀэщӀу, сэри сыдоплъей. Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112. 2. (1). Зыгуэрым къыщхьэпрылъын, къызэпрылъын. Лу и пхъуантэ цӀыкӀур къищтэжри кӀэнауэм къелъащ, машинэм иутх ятӀэпсыр къылъэмыӀэсыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526. 3. (11). зэхь. ЛъагапӀэ гуэрым къехуэхын, къежэхын (п.п. псы). [Бахъсэнышхуэм:] Бгым и кӀуэцӀкӀэ куэд къэскӀуауэ Нэпкъым лъагэу сыкъелъакъэ, Турбинэшхуэр згъэкӀэрахъуэу Гугъу а щӀыпӀэм сыщехьакъэ. Терек. «Партыр ди пашэу», 121. ПсыӀэрышэу нэпкъым къелъэм Сэ щхьэл цӀыкӀуи пхутесщӀэнщ. УбзэмыӀумэ, бгъуэтыжынкъым… «Батырыбжьэ», 53. Бгым къелъэ псышхуэм и макъ уардэу, Мэзкуу салютхэр зэхыдох. Салют. «Шум и гъуэгу», 10.

Düzeltme Öner

къелъэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.