къелъыхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къолъых)
Лъэуэ зыгуэрым къехын, къепкӀыхын.
руспрыгнуть откуда-л.
А шу мафӀэм и даущ Сосрыкъуэм къыщищӀэм, Мывэ шэнтым къолъых.— Къэбэрдей поэзием и антологие
Kitapta geçtiği hali
къелъыхын (къолъых) неперех. гл. спрыгнуть откуда-л. / Лъэуэ зыгуэрым къехын, къепкӀыхын. * А шу мафӀэм и даущ Сосрыкъуэм къыщищӀэм, Мывэ шэнтым къолъых. Къэб. п. и ант.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къолъых)
Лъэуэ зыгуэрым къехын, къепкӀыхын.
Шыгъуэ емылыджыр долъей, къолъых, Астемыр и лъакъуэм къедзэкъэну зещӀ, кӀэбдзкӀэ йокӀуэт, йотхауэ, къежыхь, и щхьэр еутхыпщӀ— Хъуэпсэгъуэ нур, 163
+1 örnek
Долъей, къолъых, листовкэхэр зэхуахьэс— Щынэхужьыкъуэ, 63
Kitapta geçtiği hali
КЪЕЛЪЫХЫН (къолъых) лъэмыӀ. (4). Лъэуэ зыгуэрым къехын, къепкӀыхын. Шыгъуэ емылыджыр долъей, къолъых, Астемыр и лъакъуэм къедзэкъэну зещӀ, кӀэбдзкӀэ йокӀуэт, йотхауэ, къежыхь, и щхьэр еутхыпщӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 163. Долъей, къолъых, листовкэхэр зэхуахьэс. Щынэхужьыкъуэ, 63.