къегъэпсыхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Къепсыхын псалъэм и каузатив.
рукаузатив к къепсыхын
Нартхэр Сосрыкъуэ и пщӀантӀэм щызэхуэсауэ щызэхэтти Бэдынокъуэ къыщысым, хабзэкӀэ кърагъэпсыхащ, и шыр Ӏахри езыри ирагъэблэгъащ.— Нартхэр
2. Къеудыхын.
русбить, сшибить кого-чего-л.
{Ахьмэд:} - Ар {шынагъуэр} мыхъуатэмэ, згъэпцӀащ, а уи СулътӀаныр къезмыгъэпсыхтэмэ.— Щомахуэ Амырхъан
3. Къегъэлъэхъшэхын, къегъэлъыхын.
рупереместить что-л. вниз
- ЛутӀ ныщхьэбэ сыту къэгува? - жиӀащ Мусэ, шейнычыр лъахъшитӀкӀэ къригъэпсыхыурэ.— ДыщэкӀ Мухьэмэд
Kitapta geçtiği hali
къегъэпсыхын 1. каузатив к къепсыхын / Къепсыхын псалъэм и каузатив. * Нартхэр Сосрыкъуэ и пщӀантӀэм щызэхуэсауэ щызэхэтти Бэдынокъуэ къыщысым, хабзэкӀэ кърагъэпсыхащ, и шыр Ӏахри езыри ирагъэблэгъащ. Нарт. 2. переносное сбить, сшибить кого-чего-л. / Къеудыхын. * {Ахьмэд:} - Ар {шынагъуэр} мыхъуатэмэ, згъэпцӀащ, а уи СулътӀаныр къезмыгъэпсыхтэмэ. Щ. Ам. 3. к.-з. переместить что-л. вниз / Къегъэлъэхъшэхын, къегъэлъыхын. * - ЛутӀ ныщхьэбэ сыту къэгува? - жиӀащ Мусэ, шейнычыр лъахъшитӀкӀэ къригъэпсыхыурэ. Д. М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кърегъэпсых)
1. Зыгуэр къегъэхын, къегъэувэхын (п.п. шым).
Къадыр лӀы щэджащэжьу джанэ кӀыхьыжьыр и лъэдакъэпэм нэсу, и щхьэм тепхъуа бэлътоку къуэлэныр уэрдыхъум ещхьу къытриӀыгъэу лӀыжьым къыпежьэри, хуэсакъыпэу и блыгур иӀыгъыурэ шыдым къригъэпсыхащ— Аргъуей, 386
+1 örnek
Уи жагъуэ зыщӀын мыбдежым щыскъым, - жиӀэри [хьэжым] нэхъ щӀалэӀуэхэм ящыщ гуэрым шым и ӀумпӀэр иубыдри цӀыхубзыр къригъэпсыхащ, сабий цӀыкӀури къыӀихри щӀым тригъэуващ— Лъапсэ, 58
2. Къеудыхын.
– Зэрызохьэ Щэрданым и дзэр, - жиӀащ Степан Ильич. Астемыр ину щэтащ. – АтӀэ къегъэпсыхын хуейщ, - жиӀащ Елдар— Хъуэпсэгъуэ нур, 222
+1 örnek
– Еуи къеудых, - жиӀэри Мухътар снайперти, унафэ хуащӀащ. – Зи ар [къебудыхыну] гугъукъым. Абы хуэдэ [нэмыцэ] мащӀэ къезгъэпсыха!— Щынэхужьыкъуэ, 70
Kitapta geçtiği hali
КЪЕГЪЭПСЫХЫН (кърегъэпсых) лъэӀ. (6). 1. (3). Зыгуэр къегъэхын, къегъэувэхын (п.п. шым). Къадыр лӀы щэджащэжьу джанэ кӀыхьыжьыр и лъэдакъэпэм нэсу, и щхьэм тепхъуа бэлътоку къуэлэныр уэрдыхъум ещхьу къытриӀыгъэу лӀыжьым къыпежьэри, хуэсакъыпэу и блыгур иӀыгъыурэ шыдым къригъэпсыхащ. Аргъуей, 386. Уи жагъуэ зыщӀын мыбдежым щыскъым, - жиӀэри [хьэжым] нэхъ щӀалэӀуэхэм ящыщ гуэрым шым и ӀумпӀэр иубыдри цӀыхубзыр къригъэпсыхащ, сабий цӀыкӀури къыӀихри щӀым тригъэуващ. Лъапсэ, 58. 2. (3). зэхь. Къеудыхын. – Зэрызохьэ Щэрданым и дзэр, - жиӀащ Степан Ильич. Астемыр ину щэтащ. – АтӀэ къегъэпсыхын хуейщ, - жиӀащ Елдар. Хъуэпсэгъуэ нур, 222. – Еуи къеудых, - жиӀэри Мухътар снайперти, унафэ хуащӀащ. – Зи ар [къебудыхыну] гугъукъым. Абы хуэдэ [нэмыцэ] мащӀэ къезгъэпсыха! Щынэхужьыкъуэ, 70.