къегъэжьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(кърегъажьэ)
1. Зыгуэр гъуэгу къытегъэувэн, зыгуэрым къыкӀэлъыкӀуэтэн.
руотправить, проводить кого-л. (сюда)
2. Къэублэн, къыщӀэдзэн.
руначать что-л.
Нэмэз щӀыныр яуха нэужь, Хьэжы-Исмел уаз кърегъажьэ.— Шортэн Аскэрбий
3. И лъабжьэр гъэтӀылъу ухуэныгъэ гуэрым иужь ихьэн.
рузаложить что-л., начать строительство чего-л.
Унэ къегъэжьэн. Псэуалъэ къегъэжьэн.
Kitapta geçtiği hali
къегъэжьэн (кърегъажьэ) перех. гл. 1. отправить, проводить кого-л. (сюда) / Зыгуэр гъуэгу къытегъэувэн, зыгуэрым къыкӀэлъыкӀуэтэн. 2. переносное начать что-л. / Къэублэн, къыщӀэдзэн. * Нэмэз щӀыныр яуха нэужь, Хьэжы-Исмел уаз кърегъажьэ. Ш. А. 3. переносное заложить что-л., начать строительство чего-л. / И лъабжьэр гъэтӀылъу ухуэныгъэ гуэрым иужь ихьэн. Унэ къегъэжьэн. Псэуалъэ къегъэжьэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(кърегъажьэ)
1. Зыгуэр гъуэгу къытегъэувэн.
Абы ирихьэлӀэу [приказым и къыдэкӀыгъуэм] Бахъуэми къиӀуэхуащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ Ӏэщыр къевгъажьэ, гъуэгур хьэзыр хъуащи, жиӀэу— Нал къута, 297
2. Къэублэн, къыщӀэдзэн.
– [Пионерхэм] Фэ фхуэдипщӀым яӀэр гъащӀэу Зэхэплъхьами, сэ си ныбжьым Ебгъэпщами, хъунщ нэхъ мащӀэ, - Кърегъажьэ псалъэр лӀыжьым, - Куэд згъэщӀами, Ӏейт си гъащӀэр, Куэд слъэгъуами, фӀыр си мащӀэт— Тисей, 482
+2 örnek
Модрей [цӀыхубз] къомри зэщӀэгъуагэу зэрыгъэкӀий щыхъум, гъы нэпцӀ кърагъэжьар нэхъри я гум щӀыхьэжауэ яфӀэщыпэу пыхьэу, зэрыгъэкӀийуэ щӀадзащ— Лъапсэ, 42
Къуршым Ӏэгур хущӀауду Псыр къыщежьэм кърагъажьэ— Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ… Батырыбжьэ, 42
Kitapta geçtiği hali
КЪЕГЪЭЖЬЭН (кърегъажьэ) лъэӀ. (27). 1. (1). Зыгуэр гъуэгу къытегъэувэн. Абы ирихьэлӀэу [приказым и къыдэкӀыгъуэм] Бахъуэми къиӀуэхуащ, икӀэщӀыпӀэкӀэ Ӏэщыр къевгъажьэ, гъуэгур хьэзыр хъуащи, жиӀэу. Нал къута, 297. 2. (26). зэхь. Къэублэн, къыщӀэдзэн. – [Пионерхэм] Фэ фхуэдипщӀым яӀэр гъащӀэу Зэхэплъхьами, сэ си ныбжьым Ебгъэпщами, хъунщ нэхъ мащӀэ, - Кърегъажьэ псалъэр лӀыжьым, - Куэд згъэщӀами, Ӏейт си гъащӀэр, Куэд слъэгъуами, фӀыр си мащӀэт. «Тисей», 482. Модрей [цӀыхубз] къомри зэщӀэгъуагэу зэрыгъэкӀий щыхъум, гъы нэпцӀ кърагъэжьар нэхъри я гум щӀыхьэжауэ яфӀэщыпэу пыхьэу, зэрыгъэкӀийуэ щӀадзащ. Лъапсэ, 42. Къуршым Ӏэгур хущӀауду Псыр къыщежьэм кърагъажьэ. Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ… «Батырыбжьэ», 42.