къегъэгъыхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(кърегъэгъых)
1. Къепэзэзэхын, тхьэусыхафэ къишын.
ружаловаться, сетовать на что-л.
Къыщылъэтри аргуэру зыпщӀэхидзащ и лӀым. - ДэкӀ, ныжэбэ фӀэмыкӀыу, дэкӀ! - кърегъэгъых Фаризэт.— Щомахуэ Амырхъан
2. Нэщхъейуэ щытын, тхьэмыщкӀафэ тетын.
руиметь жалобный, скорбный вид
Дадусэ дыжэу жьэгу пащхьэм къригъэгъыхыу здыдэсым, бжьыхьэ жэп гуащӀэм и розэу фагъуэу Мадинэ къыщӀохьэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий
Kitapta geçtiği hali
къегъэгъыхын (кърегъэгъых) неперех. гл. 1. жаловаться, сетовать на что-л. / Къепэзэзэхын, тхьэусыхафэ къишын. * Къыщылъэтри аргуэру зыпщӀэхидзащ и лӀым. - ДэкӀ, ныжэбэ фӀэмыкӀыу, дэкӀ! - кърегъэгъых Фаризэт. Щ. Ам. 2. иметь жалобный, скорбный вид / Нэщхъейуэ щытын, тхьэмыщкӀафэ тетын. * Дадусэ дыжэу жьэгу пащхьэм къригъэгъыхыу здыдэсым, бжьыхьэ жэп гуащӀэм и розэу фагъуэу Мадинэ къыщӀохьэ. Щ. А.