къатыр

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Лъапщэ зиӀэ вакъэ лӀэужьыгъуэ.

русопог

Къатырыр лъытӀэгъэн.

Bu maddedeki ifadeler (1)

къатыр лъэпс

Къатыр лъапщэ зэгуэкӀыр зэрызэгуаблэ кӀапсэ цӀыкӀу.

рукожаный шнурок (на голенище)

Къатыр лъэпсыр пхэн. Къатыр лъэпс иун.

Kitapta geçtiği hali

къатыр сопог / Лъапщэ зиӀэ вакъэ лӀэужьыгъуэ. Къатырыр лъытӀэгъэн. къатыр лъэпс кожаный шнурок (на голенище) / Къатыр лъапщэ зэгуэкӀыр зэрызэгуаблэ кӀапсэ цӀыкӀу. Къатыр лъэпсыр пхэн. Къатыр лъэпс иун.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Хьэфэм е фэм къыхэщӀыкӀа лъапщэ зиӀэ вакъэ лӀэужьыгъуэ.

Япэ иту унэм къыщӀыхьар, бжэнынэм ещхьу и нэр къихуу, афицар ныбаджэ гуэрт, джэдыгу кӀагуэ щыгъыу, дамэтелъ телъу, лъэдакъэ лъагэ хъужауэ къатыр фӀыцӀитӀ лъыгъыу, маузер кӀэрахъуитӀи гуэлъу, щӀопщ быдэри иӀыгъыу— Хъуэпсэгъуэ нур, 288

+1 örnek

Уэрамым афицар Ӏэджэ дэту уахуэзэрт, я цейкӀи ӀэщэкӀи зэгъэпэщауэ, къэзакъ сэшхуэ якӀэрыщӀауэ, дамэтелъхэр цӀыуужу, зи къатырым шыгъэцӀыв илъи яхэтти здэкӀуэм «дым-дзым» жиӀэу псалъэрт, бащлъыкъ хужьхэри, шылэ уагъэ ищӀауэ, я щӀыбымкӀэ едзэкӀат— Хъуэпсэгъуэ нур, 112

2. Къатырым щыщ. -281.

[Дисэ и пхъум жреӀэ:] Рахьим и къатыр лъэгум къыщӀэху ятӀэм уриуасэкъым, итӀани плъагъуркъэ абы зэрызищӀыр— Хъуэпсэгъуэ нур, 135

+1 örnek

Бот Ӏэдэ-уадэ къыхуихьри и къатыр лъэгум щӀиукӀэжащ, езым ейр иухри Астемыр и къатыритӀым и ужь ихьащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 280

Kitapta geçtiği hali

КЪАТЫР (7). 1. (4). Хьэфэм е фэм къыхэщӀыкӀа лъапщэ зиӀэ вакъэ лӀэужьыгъуэ. Япэ иту унэм къыщӀыхьар, бжэнынэм ещхьу и нэр къихуу, афицар ныбаджэ гуэрт, джэдыгу кӀагуэ щыгъыу, дамэтелъ телъу, лъэдакъэ лъагэ хъужауэ къатыр фӀыцӀитӀ лъыгъыу, маузер кӀэрахъуитӀи гуэлъу, щӀопщ быдэри иӀыгъыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 288. Уэрамым афицар Ӏэджэ дэту уахуэзэрт, я цейкӀи ӀэщэкӀи зэгъэпэщауэ, къэзакъ сэшхуэ якӀэрыщӀауэ, дамэтелъхэр цӀыуужу, зи къатырым шыгъэцӀыв илъи яхэтти здэкӀуэм «дым-дзым» жиӀэу псалъэрт, бащлъыкъ хужьхэри, шылэ уагъэ ищӀауэ, я щӀыбымкӀэ едзэкӀат. Хъуэпсэгъуэ нур, 112. 2. (3). плъыф. мыхь. Къатырым щыщ. [Дисэ и пхъум жреӀэ:] Рахьим и къатыр лъэгум къыщӀэху ятӀэм уриуасэкъым, итӀани плъагъуркъэ абы зэрызищӀыр! Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Бот Ӏэдэ-уадэ къыхуихьри и къатыр лъэгум щӀиукӀэжащ, езым ейр иухри Астемыр и къатыритӀым и ужь ихьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 280-281.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çizme

Düzeltme Öner

къатыр
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.