къасбот
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхухъуцӀэщ. «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм и персонажхэм ящыщ зыщ. Советскэ властым и Ӏэтащхьэхэм ящыщ Мэремкъан Иналым и адэщ. -576.
Зэгуэр Кургъуокъуэрэ Къасботрэ хьэ зэпаубыдри зэфӀэнащ, абы къыхэкӀыу Кургъуокъуэр еуэри фочкӀэ и гъунэгъу Къасботыр иукӀащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575
+2 örnek
Абы лъандэрэ илъэс Ӏэджэ дэкӀами, къуажэм ящыгъупщакъым Кургъуокъуэ и мылъкум нэхъыбэр хабзэкӀэ Къасбот и бынунэм къахуигъанэу и пщӀантӀэр зэрибгынар— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575
Мэремкъан Къасбот къыщӀэнат щӀалэ цӀыкӀуиплӀ, нэхъыжь дыдэр Иналт, илъэс пщӀыкӀутӀ фӀэкӀа мыхъуауэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 202
Kitapta geçtiği hali
КЪАСБОТ (7). ЦӀыхухъуцӀэщ. «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм и персонажхэм ящыщ зыщ. Советскэ властым и Ӏэтащхьэхэм ящыщ Мэремкъан Иналым и адэщ. Зэгуэр Кургъуокъуэрэ Къасботрэ хьэ зэпаубыдри зэфӀэнащ, абы къыхэкӀыу Кургъуокъуэр еуэри фочкӀэ и гъунэгъу Къасботыр иукӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. Абы лъандэрэ илъэс Ӏэджэ дэкӀами, къуажэм ящыгъупщакъым Кургъуокъуэ и мылъкум нэхъыбэр хабзэкӀэ Къасбот и бынунэм къахуигъанэу и пщӀантӀэр зэрибгынар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575-576. Мэремкъан Къасбот къыщӀэнат щӀалэ цӀыкӀуиплӀ, нэхъыжь дыдэр Иналт, илъэс пщӀыкӀутӀ фӀэкӀа мыхъуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 202.