къамэ пщэхъу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
къамэ
Ӏэщэу къагъэсэбэп сэ лӀэужьыгъуэ, лъэныкъуитӀымкӀи дзэ иӀэу, и пэр папцӀэу.
рукинжал
Уи къамэ тӀэу къыумых, уи псалъэ тӀэу жумыӀэ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (5)
къамэ пщэпс
Къамэр бгырыпхым зэрыкӀэращӀэ, кӀэдэупӀэм ещхьу щыт фэ.
рутренчик (ремешок, на котором кинжал подвешивается к поясу)
къамэ пщэхъу
КъамапӀэм и Ӏум фӀэлъ тхьэгъу пӀащӀэ (гъущӀу, гъуаплъэу, жэзу, аршаву н. къ. щытынкӀэ хъунущ).
рукольцо из металла, надетое на ножны кинжала около отверстия
Жэз къамэ пщэхъу.
къамэ тхьэпэ
Къамэм щыщу зэрыпаупщӀ, зэрыпыджэ Ӏыхьэ.
руклинок кинжала
къамэ щӀыфэ
КъамапӀэм трабзэ, зэрагъэщӀэращӀэ фэ, дыжьын, дыщэ с. ху.
руукрашения из кожи, серебра, золота и т. п. на ножнах кинжала
къамэ Ӏэпщэ
Къамэм икӀ.
рурукоять кинжала
Къамэ Ӏэпщэр Ӏыгъын.
Kitapta geçtiği hali
къамэ кинжал / Ӏэщэу къагъэсэбэп сэ лӀэужьыгъуэ, лъэныкъуитӀымкӀи дзэ иӀэу, и пэр папцӀэу. * Уи къамэ тӀэу къыумых, уи псалъэ тӀэу жумыӀэ. (погов.) къамэ пщэпс тренчик (ремешок, на котором кинжал подвешивается к поясу) / Къамэр бгырыпхым зэрыкӀэращӀэ, кӀэдэупӀэм ещхьу щыт фэ. къамэ пщэхъу кольцо из металла, надетое на ножны кинжала около отверстия / КъамапӀэм и Ӏум фӀэлъ тхьэгъу пӀащӀэ (гъущӀу, гъуаплъэу, жэзу, аршаву н. къ. щытынкӀэ хъунущ). Жэз къамэ пщэхъу. Къамэ тхьэпэ клинок кинжала / Къамэм щыщу зэрыпаупщӀ, зэрыпыджэ Ӏыхьэ. къамэ щӀыфэ украшения из кожи, серебра, золота и т. п. на ножнах кинжала / КъамапӀэм трабзэ, зэрагъэщӀэращӀэ фэ, дыжьын, дыщэ с. ху. къамэ Ӏэпщэ рукоять кинжала / Къамэм икӀ. Къамэ Ӏэпщэр Ӏыгъын.