къалэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
КЪАЛЭ (Абз. АКЪАЛАКЪ) (къызэрэлыгъ/къэзэрыла: örgütlenmiş, birbirini perçinlemiş, güçlendirmiş); KENT
КЪАЛЭ; ŞEHİR
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. КъулыкъущӀапӀэ, сату, промышленность сыт хуэдэхэр здэщыӀэу цӀыху куэд щыпсэу жылагъуэшхуэ.
ругород
2. КъэщӀыхьа быдапӀэ.
рукрепость
Bu maddedeki ifadeler (2)
къалэ дыхьэпӀэ
Гъуэгур къалэм щыдыхьэм деж ящӀ ухуэныгъэ, куэбжэ ин.
руарка при въезде в город, городские ворота
Къалэ дыхьэпӀэм нып фӀэдзащ.
къалэ хъурей
ЗауэкӀэ къатеуэхэм зыщахъумэн папщӀэ ящӀ быдапӀэ.
рузамок
Къалэ хъурейм зыщыгъэбыдэн.
Kitapta geçtiği hali
къалэ 1. город / КъулыкъущӀапӀэ, сату, промышленность сыт хуэдэхэр здэщыӀэу цӀыху куэд щыпсэу жылагъуэшхуэ. 2. устар. крепость / КъэщӀыхьа быдапӀэ. къалэ дыхьэпӀэ арка при въезде в город, городские ворота / Гъуэгур къалэм щыдыхьэм деж ящӀ ухуэныгъэ, куэбжэ ин. Къалэ дыхьэпӀэм нып фӀэдзащ. къалэ хъурей устар. замок / ЗауэкӀэ къатеуэхэм зыщахъумэн папщӀэ ящӀ быдапӀэ. Къалэ хъурейм зыщыгъэбыдэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. КъулыкъущӀапӀэ, сату, промышленность сыт хуэдэхэр здэщыӀэу цӀыху куэд щыпсэу жылагъуэшхуэ. -36.
ДэнэкӀэ уплъэми удзыпцӀэу, уафэр къабзэу, къалэм дэт унэхэри хужьыбзэу сэху текӀауэ, паркым ит парашют къелъапӀэ лъагэри жыгым къахэпӀиикӀыу псори дыгъэ нурым хэджэгухьырт— Щынэхужьыкъуэ, 35
+2 örnek
Къэрэмырзэ Мадинэ къалэм фӀэмыкӀыу къигъэзэжри къэкӀуэжащ, Мухьэмэд бегъымбарым и гукъеуэ жриӀэри и бампӀэр игъэтӀысауэ— Лыгъэ, 414
Къалэ инхэм я дэхагъэр СхуэмыӀуатэу уэрэд дахэ ЯхужысӀэу согъэщӀагъуэ.— Терек. «Партыр ди пашэ», 121
2. КъэщӀыхьа быдапӀэ.
Сэ си закъуэщ, согузасэ, Пхъу сиӀати, иныжь ябгэм Диубыдауэ къалэ лъагэм, Нобэ къэси макӀуэ махуэр— Елбэздыкъуэ, 11
+1 örnek
Къалэ иныр егъэщӀагъуэ [шум]— Елбэздыкъуэ, 16
3. Къалэм ейр.
АрщхьэкӀэ уи гур зэрыгъум дыгъур ирокӀуэ жыхуаӀэрати, къалэ мухъутарыр зэтегузэвыхьам ӀэкӀэ теӀэбащ, ямыщӀэххэу зэрызехьэшхуэ къэхъури— Кхъэлэгъунэ, 377
+2 örnek
Къалэ уэрамым унэу тетын Си усэу щӀэсыр пхуэпыӀэн— ГъащӀэ кӀыхь. «Мывэ хуабэ», 266
[Бекъан] Блыщхьэ къэс къалэ бэзэрым къытемыкӀыу тетти, цӀыхугъэр и куэдт, лы хуейри и унэм къакӀуэмэ, сыт щыгъуи ящэхут е щӀыхуэу яритырт, зэзэмызи и щхьэм щыщытхъуж щыӀэт: - Сэ си жьэр лаӀилахьэу, си гур хьэрэмышхыу дунейм сытеткъым— Къалэн, 427
Kitapta geçtiği hali
КЪАЛЭ (304). 1. (289). КъулыкъущӀапӀэ, сату, промышленность сыт хуэдэхэр здэщыӀэу цӀыху куэд щыпсэу жылагъуэшхуэ. ДэнэкӀэ уплъэми удзыпцӀэу, уафэр къабзэу, къалэм дэт унэхэри хужьыбзэу сэху текӀауэ, паркым ит парашют къелъапӀэ лъагэри жыгым къахэпӀиикӀыу псори дыгъэ нурым хэджэгухьырт. Щынэхужьыкъуэ, 35-36. Къэрэмырзэ Мадинэ къалэм фӀэмыкӀыу къигъэзэжри къэкӀуэжащ, Мухьэмэд бегъымбарым и гукъеуэ жриӀэри и бампӀэр игъэтӀысауэ. Лыгъэ, 414. Къалэ инхэм я дэхагъэр СхуэмыӀуатэу уэрэд дахэ ЯхужысӀэу согъэщӀагъуэ. Терек. «Партыр ди пашэ», 121. 2. (3). КъэщӀыхьа быдапӀэ. Сэ си закъуэщ, согузасэ, Пхъу сиӀати, иныжь ябгэм Диубыдауэ къалэ лъагэм, Нобэ къэси макӀуэ махуэр. «Елбэздыкъуэ», 11. Къалэ иныр егъэщӀагъуэ [шум]. «Елбэздыкъуэ», 16. 3. (12). плъыф. мыхь. Къалэм ейр. АрщхьэкӀэ уи гур зэрыгъум дыгъур ирокӀуэ жыхуаӀэрати, къалэ мухъутарыр зэтегузэвыхьам ӀэкӀэ теӀэбащ, ямыщӀэххэу зэрызехьэшхуэ къэхъури. Кхъэлэгъунэ, 377. Къалэ уэрамым унэу тетын Си усэу щӀэсыр пхуэпыӀэн? ГъащӀэ кӀыхь. «Мывэ хуабэ», 266. [Бекъан] Блыщхьэ къэс къалэ бэзэрым къытемыкӀыу тетти, цӀыхугъэр и куэдт, лы хуейри и унэм къакӀуэмэ, сыт щыгъуи ящэхут е щӀыхуэу яритырт, зэзэмызи и щхьэм щыщытхъуж щыӀэт: - Сэ си жьэр лаӀилахьэу, си гур хьэрэмышхыу дунейм сытеткъым. Къалэн, 427.