кхъузанэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
кхъузанэ/щыбзэ; ELEK, KALBUR
щыбзэ/кхъузанэ; ELEK, KALBUR
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Хьэжыгъэ зэраухуэнщӀ е нэгъуэщӀ ерыскъы зыщӀагъэкӀ (зэраз), зи щӀэр хъару щыт хьэпшып.
русито, решето
Кхъузанэ пхъашэ. Зы тхьэмыщкӀэ гуэрым хьэжыгъэ иухуэнщӀыну и гъунэгъум кхъузанэ къыӀихащ.— Нэгумэ Шорэ
Bu maddedeki ifadeler (1)
кхъузанэм щӀэгъэкӀын
рупроверить тщательно что-л.
Псори кхъузанэм щыщӀагъэкӀ зэмант.— Щомахуэ Амырхъан
Kitapta geçtiği hali
кхъузанэ сито, решето / Хьэжыгъэ зэраухуэнщӀ е нэгъуэщӀ ерыскъы зыщӀагъэкӀ (зэраз), зи щӀэр хъару щыт хьэпшып. * Кхъузанэ пхъашэ. Зы тхьэмыщкӀэ гуэрым хьэжыгъэ иухуэнщӀыну и гъунэгъум кхъузанэ къыӀихащ. Н. Ш. Кхъузанэм щӀэгъэкӀын проверить тщательно что-л. * Псори кхъузанэм щыщӀагъэкӀ зэмант. Щ. Ам.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хьэжыгъэ зэраухуэнщӀ е нэгъуэщӀ ерыскъы зыщӀагъэкӀ (зэраз), зи щӀэр хъару щыт хьэпшып.
Думасэрэ кхъузанэр ӀэщӀэлъу, хьэжыгъэр щиухуэнщӀкӀэ, тӀомпӀ-тӀомпӀ жиӀэу, кхъузанэ джабэр и Ӏэгум ириудэкӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 262
+2 örnek
А жылэр жэмыхьэтитӀ хъурт, зы жэмыхьэтым къащэхуа кхъузанэр зэпаубыду щызэзэуам, тӀури къанэ щымыӀэу зэрыукӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 300
«Си фэр кхъузанэм хуэдэщ – схуэшэчыжыркъым» жиӀэу мащӀэрэ тхьэусыхэрэ [Хьэбибэ].— Щынэхужьыкъуэ, 19
Deyimler (1)
кхъузанэ хьэху зэӀыхын
ЗэфӀу, зэкӀэлъыкӀуэу щытын (гъунэгъухэр).
А тӀум [Астемыррэ хьэжымрэ] игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀи зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щызэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67
Kitapta geçtiği hali
КХЪУЗАНЭ (15). Хьэжыгъэ зэраухуэнщӀ е нэгъуэщӀ ерыскъы зыщӀагъэкӀ (зэраз), зи щӀэр хъару щыт хьэпшып. Думасэрэ кхъузанэр ӀэщӀэлъу, хьэжыгъэр щиухуэнщӀкӀэ, тӀомпӀ-тӀомпӀ жиӀэу, кхъузанэ джабэр и Ӏэгум ириудэкӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 262. А жылэр жэмыхьэтитӀ хъурт, зы жэмыхьэтым къащэхуа кхъузанэр зэпаубыду щызэзэуам, тӀури къанэ щымыӀэу зэрыукӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 300. «Си фэр кхъузанэм хуэдэщ – схуэшэчыжыркъым» жиӀэу мащӀэрэ тхьэусыхэрэ [Хьэбибэ]. Щынэхужьыкъуэ, 19. ◊ Кхъузанэ хьэху зэӀыхын (1). ЗэфӀу, зэкӀэлъыкӀуэу щытын (гъунэгъухэр). А тӀум [Астемыррэ хьэжымрэ] игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀи зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щызэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 67.