кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ГуфӀэгъуэ дауэдапщэм (щӀалэ цӀыкӀу къалъхуагъащӀэм иращӀэкӀым) щыщ Ӏыхьэ: щэ дагъэ егъэфауэ фэ кӀапсэ къызэлэлэх пхъэ зэфӀэбдзэ лъагэм кхъуей плъыжь, хьэпшып цӀыкӀу сытхэр кӀэращӀэри, дэпщейуэ къыфӀэхынымкӀэ зэпоуэ.
руторжество в честь рождения первого сына
Къуэ къыпхуалъхумэ, кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ пщӀынкъэ?— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ этн. торжество в честь рождения первого сына / ГуфӀэгъуэ дауэдапщэм (щӀалэ цӀыкӀу къалъхуагъащӀэм иращӀэкӀым) щыщ Ӏыхьэ: щэ дагъэ егъэфауэ фэ кӀапсэ къызэлэлэх пхъэ зэфӀэбдзэ лъагэм кхъуей плъыжь, хьэпшып цӀыкӀу сытхэр кӀэращӀэри, дэпщейуэ къыфӀэхынымкӀэ зэпоуэ. * Къуэ къыпхуалъхумэ, кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ пщӀынкъэ? Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Пхъэ зэфӀэбдзэ лъагэ, кхъуей плъыжь, хьэпшып цӀыкӀу сытхэр кӀэрыщӀауэ, фэ кӀапсэм щэ дагъэ щыхуауэ къелэлэхыу, абы уридэпщеин щхьэкӀэ.
А кӀапсэмкӀэ удэкӀуейрэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэу арщын зыхыбл зи лъагагъым унэсмэ, нэхъ уигу ирихь зы хьэпшып къыпыпч хъунут.— Хъуэпсэгъуэ нур, 95
+2 örnek
Темботи къыпыгуфӀыкӀыу кхъуейплъыжькӀэрыщӀэр къигъэкӀэрахъуэунигъэкӀэрахъуэу йоплъ, къыхихынур къыхуэмыщӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 97
Сэри Налшык сыздэпшэн иджы, Елдар? – жиӀэри щӀэупщӀащ Лу, Налшык кӀуэнымрэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм удэкӀуеинымрэ нэхъ насып ин дунейм тету къимылъытэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 101
2. Адыгэхэм щӀалэ цӀыкӀу къыщалъхукӀэ ирагъэкӀуэкӀ гуфӀэгъуэ.
Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ имыщӀу идакъым, къуэ къызэрыхуалъхуам папщӀэ, благъи сыти зэхуишэсу игъэфӀэн фӀэфӀти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 95
+2 örnek
Бэрзэджхэ я пхъур лъхуэрэ щӀалэ цӀыкӀу къыщилъхум, кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ хуащӀри щӀалэгъуалэр къызэхуосри аргуэру я дуней гуфӀэгъуэщ, къалъхуам Ахуэмгъуэт фӀащ, дызыхуэныкъуэу къэдгъуэта жыхуаӀэу— Лъапсэ, 119
Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ щищӀам щыгъуэ сыкъэфащ, абы фӀэкӀа игъащӀэм сыкъэфакъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 133
Kitapta geçtiği hali
КХЪУЕЙПЛЪЫЖЬКӀЭРЫЩӀЭ (19). 1. (10). Пхъэ зэфӀэбдзэ лъагэ, кхъуей плъыжь, хьэпшып цӀыкӀу сытхэр кӀэрыщӀауэ, фэ кӀапсэм щэ дагъэ щыхуауэ къелэлэхыу, абы уридэпщеин щхьэкӀэ. А кӀапсэмкӀэ удэкӀуейрэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэу арщын зыхыбл зи лъагагъым унэсмэ, нэхъ уигу ирихь зы хьэпшып къыпыпч хъунут. Хъуэпсэгъуэ нур, 95. Темботи къыпыгуфӀыкӀыу кхъуейплъыжькӀэрыщӀэр къигъэкӀэрахъуэунигъэкӀэрахъуэу йоплъ, къыхихынур къыхуэмыщӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 97. Сэри Налшык сыздэпшэн иджы, Елдар? – жиӀэри щӀэупщӀащ Лу, Налшык кӀуэнымрэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэм удэкӀуеинымрэ нэхъ насып ин дунейм тету къимылъытэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 101. 2. (9). Адыгэхэм щӀалэ цӀыкӀу къыщалъхукӀэ ирагъэкӀуэкӀ гуфӀэгъуэ. Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ имыщӀу идакъым, къуэ къызэрыхуалъхуам папщӀэ, благъи сыти зэхуишэсу игъэфӀэн фӀэфӀти. Хъуэпсэгъуэ нур, 95. Бэрзэджхэ я пхъур лъхуэрэ щӀалэ цӀыкӀу къыщилъхум, кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ хуащӀри щӀалэгъуалэр къызэхуосри аргуэру я дуней гуфӀэгъуэщ, къалъхуам Ахуэмгъуэт фӀащ, дызыхуэныкъуэу къэдгъуэта жыхуаӀэу. Лъапсэ, 119. Мусэ кхъуейплъыжькӀэрыщӀэ щищӀам щыгъуэ сыкъэфащ, абы фӀэкӀа игъащӀэм сыкъэфакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 133.