куафэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Куэм и щӀыӀур.
рупередняя часть бедра
И Ӏэ гъурхэр зэм дрихьейрт, зэм кърихьэхырти куафэхэм трилъхьэжырт.— Ӏуащхьэмахуэ
Bu maddedeki ifadeler (3)
куафэм егъэпхъуэжын
рупривести в ужас кого-л.
Сэ зыкъызэкъуэсхыу щытмэ, Ӏэджэм я куафэ езгъэпхъуэжынщ.— Шортэн Аскэрбий
куафэм епхъуэжын
рувпасть в отчаяние (букв. бить себя по бедрам).
куафэм еуэжын
куафэм епхъуэжын
Kitapta geçtiği hali
куафэ передняя часть бедра / Куэм и щӀыӀур. * И Ӏэ гъурхэр зэм дрихьейрт, зэм кърихьэхырти куафэхэм трилъхьэжырт. Ӏуащхь. Куафэм егъэпхъуэжын привести в ужас кого-л. * Сэ зыкъызэкъуэсхыу щытмэ, Ӏэджэм я куафэ езгъэпхъуэжынщ. Ш. А. Куафэм епхъуэжын впасть в отчаяние (букв. бить себя по бедрам). Куафэм еуэжын = куафэм епхъуэжын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Куэм и щӀыӀур.
[Алыджыкъуэ:] Уэздыгъэр изошэхри сыгъуэлъыжыну шхыӀэныр къыщытесӀэтыкӀым, солъагъу цӀыхубзым джанэ фӀэкӀа зэрыщымыгъыр, и куафэ хужьыбзэр къыщӀощ.— МелыӀыч, 443
Deyimler (1)
куафэм еуэжын
ГуӀэжын, зыгуэр егъэлеяуэ жагъуэ щыхъун.
ЦӀыхубзыр и куафитӀым еуэжри къызэщӀэплъауэ етӀысэхащ, зэхихар и фӀэщ мыхъуу.— Лэчымэ, 390
Kitapta geçtiği hali
КУАФЭ (1). Куэм и щӀыӀур. [Алыджыкъуэ:] Уэздыгъэр изошэхри сыгъуэлъыжыну шхыӀэныр къыщытесӀэтыкӀым, солъагъу цӀыхубзым джанэ фӀэкӀа зэрыщымыгъыр, и куафэ хужьыбзэр къыщӀощ. МелыӀыч, 443. ◊ Куафэм еуэжын (1). ГуӀэжын, зыгуэр егъэлеяуэ жагъуэ щыхъун. ЦӀыхубзыр и куафитӀым еуэжри къызэщӀэплъауэ етӀысэхащ, зэхихар и фӀэщ мыхъуу. Лэчымэ, 390.