кодоев

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

УнэцӀэщ. Севернэ Осетием Хэку зауэшхуэ лъэхъэнэм я лӀыщхьэу щытауэ «Лъапсэ» романым къыхощ.

Кодоевым и гъунэгъу Къэбэрдей- Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат.— Лъапсэ, 91

+2 örnek

Къэбэрдейр ирамыгъэкӀыу къыщынэкӀэ, я щӀым къыпедмыгъэчу Шэшэнымрэ Мышкъышымрэ я щӀымкӀэ зыдгъэнщӀам мынэхъыфӀу пӀэрэ жиӀэу Кодоевым и гум къэкӀати, иригухыжащ, зэгуэр Къэбэрдейм я насып къыттекӀуауэ щытамэ, иджы ди насып ятекӀуэжыпхъэщ жыхуиӀэу.— Лъапсэ, 90

Псори къызэхуэсыжу щхьэж и тӀысыпӀэм тӀысыжа нэужь, Кодоевыр къэтэджащ: - Фэ джэгум фыхэтыху, ди лъабжьэм заубгъуащ, ди лъапсэм къару игъуэтащ ди хьэщӀэ лъапӀэм и фӀыщӀэкӀэ, - жиӀэри шыхьауэ и шэнтым егъэувэлӀауэ щыт картэр иукъуэдийри псоми яригъэлъэгъуащ: - Мисс: Мэздэгуи Мэлгъэбэги къиубыду ди хэкум къыхэхъуар…— Лъапсэ, 89

Kitapta geçtiği hali

КОДОЕВ (23). УнэцӀэщ. Севернэ Осетием Хэку зауэшхуэ лъэхъэнэм я лӀыщхьэу щытауэ «Лъапсэ» романым къыхощ. Кодоевым и гъунэгъу Къэбэрдей- Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат. Лъапсэ, 91. Къэбэрдейр ирамыгъэкӀыу къыщынэкӀэ, я щӀым къыпедмыгъэчу Шэшэнымрэ Мышкъышымрэ я щӀымкӀэ зыдгъэнщӀам мынэхъыфӀу пӀэрэ жиӀэу Кодоевым и гум къэкӀати, иригухыжащ, зэгуэр Къэбэрдейм я насып къыттекӀуауэ щытамэ, иджы ди насып ятекӀуэжыпхъэщ жыхуиӀэу. Лъапсэ, 90. Псори къызэхуэсыжу щхьэж и тӀысыпӀэм тӀысыжа нэужь, Кодоевыр къэтэджащ: - Фэ джэгум фыхэтыху, ди лъабжьэм заубгъуащ, ди лъапсэм къару игъуэтащ ди хьэщӀэ лъапӀэм и фӀыщӀэкӀэ, - жиӀэри шыхьауэ и шэнтым егъэувэлӀауэ щыт картэр иукъуэдийри псоми яригъэлъэгъуащ: - Мисс: Мэздэгуи Мэлгъэбэги къиубыду ди хэкум къыхэхъуар… Лъапсэ, 89.

Düzeltme Öner

кодоев
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.