кафедрэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Аудиторием и пащхьэм къыщыпсалъэхэр, доклад щызыщӀхэр, лекцэ къыщеджэхэр зытет лъагапӀэ.

рукафедра (возвышенная для выступления перед аудиторией)

Профессорыр кафедрэм бгъэдэтщ.

2. ЕджапӀэ нэхъыщхьэхэм щылажьэ егъэджакӀуэхэр, профессорхэр, научнэ лэжьакӀуэхэр езыхэм я ӀэщӀагъэм, зэрызэпыщӀам елъытауэ зэгухьэныгъэ.

рукафедра (в вузе)

Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ я кафедрэ.

Kitapta geçtiği hali

кафедрэ кафедра (возвышенная для выступления перед аудиторией) / Аудиторием и пащхьэм къыщыпсалъэхэр, доклад щызыщӀхэр, лекцэ къыщеджэхэр зытет лъагапӀэ. Профессорыр кафедрэм бгъэдэтщ. 2. кафедра (в вузе) / ЕджапӀэ нэхъыщхьэхэм щылажьэ егъэджакӀуэхэр, профессорхэр, научнэ лэжьакӀуэхэр езыхэм я ӀэщӀагъэм, зэрызэпыщӀам елъытауэ зэгухьэныгъэ. Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ я кафедрэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ЕджапӀэ нэхъыщхьэхэм я егъэджакӀуэ гуп езыхэм я ӀэщӀагъэхэм елъытауэ зэгухьэныгъэ.

ЛэтӀифэ Ӏэмал зыхуимыгъуэтыр сэ зыр аращ, сэ кафедрэ сиӀэу мыбы си студентхэр къасшэурэ практикэ щезгъэкӀуэкӀыу аращ, адрейхэр псори абы и ӀэмыщӀэ илъщи, цӀутӀи-пӀытӀи жамыӀэу жиӀэр ягъэзащӀэну я боршщ, емыдаӀуэр щӀримыгъэгъуэжыну Ӏэмал дапщи иӀэ – езыми и хабзэжьщ къемыдаӀуэр игъэлъэпэрапэу.— Лъапсэ, 15

+1 örnek

Зы щӀалэ ВалерэкӀэ еджэу яӀэщи [Дзэшурэ Жэнгулэзрэ] щӀэныгъэлӀу къалэм дэсщ, кафедрэм тету, хъарзынэу мэлажьэ, зыхэтым пщӀэ къыхуащӀ, зэзэмызэ къуажэм къыдэлъэдэжмэ и адэ-анэр егъэфгуфӀэ, псом хуэмыдэу я бын цӀыкӀуищыр къашэжмэ, дадэр нэгъуэщӀ гуфэгъуэ хуейкъым.— КӀапсэ кӀапэ, 6

Kitapta geçtiği hali

КАФЕДРЭ (2). ЕджапӀэ нэхъыщхьэхэм я егъэджакӀуэ гуп езыхэм я ӀэщӀагъэхэм елъытауэ зэгухьэныгъэ. ЛэтӀифэ Ӏэмал зыхуимыгъуэтыр сэ зыр аращ, сэ кафедрэ сиӀэу мыбы си студентхэр къасшэурэ практикэ щезгъэкӀуэкӀыу аращ, адрейхэр псори абы и ӀэмыщӀэ илъщи, цӀутӀи-пӀытӀи жамыӀэу жиӀэр ягъэзащӀэну я боршщ, емыдаӀуэр щӀримыгъэгъуэжыну Ӏэмал дапщи иӀэ – езыми и хабзэжьщ къемыдаӀуэр игъэлъэпэрапэу. Лъапсэ, 15. Зы щӀалэ ВалерэкӀэ еджэу яӀэщи [Дзэшурэ Жэнгулэзрэ] щӀэныгъэлӀу къалэм дэсщ, кафедрэм тету, хъарзынэу мэлажьэ, зыхэтым пщӀэ къыхуащӀ, зэзэмызэ къуажэм къыдэлъэдэжмэ и адэ-анэр егъэфгуфӀэ, псом хуэмыдэу я бын цӀыкӀуищыр къашэжмэ, дадэр нэгъуэщӀ гуфэгъуэ хуейкъым. КӀапсэ кӀапэ, 6.

Düzeltme Öner

кафедрэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.