иуэжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(йоуэж)

Ищэхэжын, ихуэжын.

рурухнуть, обрушиться, обвалиться

ЩӀыунэр иуэжащ.

Kitapta geçtiği hali

иуэжын (йоуэж) неперех. гл. рухнуть, обрушиться, обвалиться / Ищэхэжын, ихуэжын. ЩӀыунэр иуэжащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(йоуэж)

1. Зыгуэр нэхъ куу хъун.

Фыз къамылыфэ нэжэгужэу япэм илъагъуу щыта Ӏузизэ иджы Ӏей дыдэ хъуауэ, и ныбэр лъагэу, и нэ дахитӀу щытари иуэжауэ хэлът.— Хъуэпсэгъуэ нур, 69

+1 örnek

Алии дытегузэвыхьырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Кърым кӀуэри мыдрисэм щеджат, Истамбыли щыӀат, мусаватистхэм я зэманым Баку щылэжьащ, иджы и щхьэм зэрытегузэвыхьым гу лъумытэну Ӏэмал зимыӀэт, дэ нэхърэ нэхъ гъурыж хъуауэ, зэщӀэуфӀыцӀауэ, и нэщӀащэхэр иуэжауэ школым къакӀуэмэ, унэм игъэзэжын дзыхь имыщӀу къытхэтт, пщыхьэщхьэ хъухукӀэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523

2. Ищэхэжын, ихуэжын.

Бэкхъ тӀэкӀуу унэ бжьыхьэкӀапэм къыпытым и щхьэри иуэжащ, Ӏуэм итӀауи плъагъуркъым.— МелыӀыч, 455

Deyimler (1)

[и] ныбэр иуэжын

Еплъ: ныбэ

(еуэж)

Зыгуэрым къыщӀэмыщыжу щӀигъэнэн (п.п., сабэм).

Дурэшым Инус хьэжым и фескӀэ плъыжьыр сабэм иуэжауэ дэлъу [Лу] къигъуэтыжати, къищтэри зэ-тӀэу тридзэри, аргуэру дурэшым дилъхьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 296

Kitapta geçtiği hali

ИУЭЖЫН I (йоуэж) лъэмыӀ. (4). 1. (2). Зыгуэр нэхъ куу хъун. Фыз къамылыфэ нэжэгужэу япэм илъагъуу щыта Ӏузизэ иджы Ӏей дыдэ хъуауэ, и ныбэр лъагэу, и нэ дахитӀу щытари иуэжауэ хэлът. Хъуэпсэгъуэ нур, 69. Алии дытегузэвыхьырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Кърым кӀуэри мыдрисэм щеджат, Истамбыли щыӀат, мусаватистхэм я зэманым Баку щылэжьащ, иджы и щхьэм зэрытегузэвыхьым гу лъумытэну Ӏэмал зимыӀэт, дэ нэхърэ нэхъ гъурыж хъуауэ, зэщӀэуфӀыцӀауэ, и нэщӀащэхэр иуэжауэ школым къакӀуэмэ, унэм игъэзэжын дзыхь имыщӀу къытхэтт, пщыхьэщхьэ хъухукӀэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 523. 2. (2). Ищэхэжын, ихуэжын. Бэкхъ тӀэкӀуу унэ бжьыхьэкӀапэм къыпытым и щхьэри иуэжащ, Ӏуэм итӀауи плъагъуркъым. МелыӀыч, 455. ◊ [И] ныбэр иуэжын (3). Еплъ ныбэ.

ИУЭЖЫН II (еуэж) лъэӀ. (2). Зыгуэрым къыщӀэмыщыжу щӀигъэнэн (п.п., сабэм). Дурэшым Инус хьэжым и фескӀэ плъыжьыр сабэм иуэжауэ дэлъу [Лу] къигъуэтыжати, къищтэри зэ-тӀэу тридзэри, аргуэру дурэшым дилъхьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 296.

Düzeltme Öner

иуэжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.