исыжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(исыжщ)
1. И ӀэнатӀэм пэрымыкӀын, нэгъуэщӀ Ӏуэху земыхуэн.
– АтӀэ, секретарым и секретарыпӀэ иресыж.— Щынэхужьыкъуэ, 25
2. Къыщалъхуа щӀыпӀэм щыпсэужын, щӀыпӀэр мыбгынэн.
[Шэшэнхэмрэ мышкъышхэмрэ] Я бын япӀыжу я щӀыналъэм исыжащ.— МелыӀыч, 467
(есыж)
Егъэлеяуэ хуабащэ хъун.
Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270
Kitapta geçtiği hali
ИСЫЖЫН (исыжщ) лъэмыӀ. (2). 1. (1). И ӀэнатӀэм пэрымыкӀын, нэгъуэщӀ Ӏуэху земыхуэн. – АтӀэ, секретарым и секретарыпӀэ иресыж. Щынэхужьыкъуэ, 25. 2. (1). Къыщалъхуа щӀыпӀэм щыпсэужын, щӀыпӀэр мыбгынэн. [Шэшэнхэмрэ мышкъышхэмрэ] Я бын япӀыжу я щӀыналъэм исыжащ. МелыӀыч, 467.
ИСЫЖЫН (есыж) лъэӀ. (1). Егъэлеяуэ хуабащэ хъун. Гъэмахуэ бадзэуэгъуэ хъуауэ дунейр исыжырт, джэдхэр джабэкӀэ сабэм хэлъу махуэр ягъакӀуэрт, хьэхэр ду щӀагъым щӀэпщхьауэ къыщӀэкӀыртэкъым, жыг хадэм уихьэмэ, жыг тхьэмпэхэр мыхъейуэ, кхъужь, мыӀэрысэ, пхъэгулъ сытхэр сабэм иуауэ щӀахъумэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 270.