ирихьэлӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(ирохьэлӀэ)
1. Зыгуэрым ӀущӀэн, хуэзэн.
рувстретить кого-что-л.
Сосрыкъуэ къудамищу зэгуэту къамышыкӀей гъуэзэджэ гъуэгум телъу ирихьэлӀащ.— Нартхэр
2. Зыгуэрым зыщӀыпӀэ щыхуэзэн, щыӀущӀэн.
рузастать кого-что-л.
Анэм сабийхэр джэгуу ирихьэлӀащ. Хьэмид и унэм щӀэсу срихьэлӀэну си мурадт. Къэб.
3. КъыкӀэрымыхун, и зэманым нэсын.
руподоспеть к чему-л. (напр. к поезду)
Дэгъуэу мафӀэгум срихтьэлӀащ.
Kitapta geçtiği hali
ирихьэлӀэн (ирохьэлӀэ) неперех. гл. 1. встретить кого-что-л. / Зыгуэрым ӀущӀэн, хуэзэн. * Сосрыкъуэ къудамищу зэгуэту къамышыкӀей гъуэзэджэ гъуэгум телъу ирихьэлӀащ. Нарт. 2. застать кого-что-л. / Зыгуэрым зыщӀыпӀэ щыхуэзэн, щыӀущӀэн. Анэм сабийхэр джэгуу ирихьэлӀащ. Хьэмид и унэм щӀэсу срихьэлӀэну си мурадт. Къэб. 3. подоспеть к чему-л. (напр. к поезду) / КъыкӀэрымыхун, и зэманым нэсын. Дэгъуэу мафӀэгум срихтьэлӀащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ирохьэлӀэ)
1. Зыгуэрым хуэзэн, ӀущӀэн. –14.
Ауэрэ мащӀэ дэкӀа, Кулисум матэ цӀыкӀур иӀыгъыу жылэр къызэхикӀухьауэ зигъэпсэхуу жыг щӀагъым здыщӀэсым, «шокъу» жиӀэу фызхэм зи гугъу ящӀа лӀым ирихьэлӀащ, выщӀэ танэм и пщэм кӀапсэ лэрыгъу ищӀауэ я унэ ишэу.— Нэгъуху, 34
+2 örnek
Уэ, хамэ мылъкуу, адэ щӀыхьыр УзрихьэлӀэм хубогуэш.— Историк гуэрым деж. «Дамыгъэ», 207
Фашист гуэрым сымыщӀэххэу СрихьэлӀэщ жэщ мэзэхэу, ЗанщӀэу зездзри изудауэ, И щхьэр каскэмкӀэ скъутауэ, Щылът гурыму елъэкъуауэу.— Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 13
2. Зыгуэрым уи щэху хуэӀуэтэн, уи дзыхь егъэзын.
Хъыджэбзым и гум илъыр Зураб ирихьэлӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667
+1 örnek
Тембот хузэфӀэкӀакъым Елдар епсэлъэн, ауэ и щэхур Саримэ ирихьэлӀати, хъыджэбзым идэххакъым, уи мыӀуэху зумыхуэ, жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 151
3. Зыгуэр къэхутэн, къэгъуэтын. –7.
ХьэтӀрэмтӀыгу си нэр къыхуикӀ щыхъуар еджэн къыщӀэздзэу урысыбзэ тӀэкӀуи зэзгъщӀа нэужькӀэщ, сыту жыӀэт: зэгуэр сымыщӀэххэу Пушкин итхам ящыщу усэ срихьэлӀащ, мыбы хуэдэу: «Не в набегах отбивать коней с ногайскими быками, и с боя взятыми рабами суда в Анапе нагружать». «ЗекӀуэхэракъым шыхэмрэ нэгъуей гуухэмрэ къащытепхынур, зэзауэм гъэр щыпщӀахэр Анапэ деж кхъухьхэм ярыз щыпщӀынур». Си анэм иӀуэтэжу зэхэсхамрэ Пушкин зи гугъу ищӀымрэ зэзгъапщэмэ, зым и гум адрейр къипсэлъыкӀа къысфӀэщӀырт, сфӀэтелъыджэу.— Лъапсэ, 6
4. Зэман, Ӏуэхугъэ гуэр нэсын, лъагъун.
Коммунизмэм ирихьэлӀэм [и мурадыр къехъулӀащ]— Коммунизмэм ирихьэлӀэм. «Партыр ди пашэу», 9
Kitapta geçtiği hali
ИРИХЬЭЛӀЭН (ирохьэлӀэ) лъэмыӀ. (13). 1. (11). Зыгуэрым хуэзэн, ӀущӀэн. Ауэрэ мащӀэ дэкӀа, Кулисум матэ цӀыкӀур иӀыгъыу жылэр къызэхикӀухьауэ зигъэпсэхуу жыг щӀагъым здыщӀэсым, «шокъу» жиӀэу фызхэм зи гугъу ящӀа лӀым ирихьэлӀащ, выщӀэ танэм и пщэм кӀапсэ лэрыгъу ищӀауэ я унэ ишэу. Нэгъуху, 34. Уэ, хамэ мылъкуу, адэ щӀыхьыр УзрихьэлӀэм хубогуэш. Историк гуэрым деж. «Дамыгъэ», 207. Фашист гуэрым сымыщӀэххэу СрихьэлӀэщ жэщ мэзэхэу, ЗанщӀэу зездзри изудауэ, И щхьэр каскэмкӀэ скъутауэ, Щылът гурыму елъэкъуауэу. Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 13–14. 2. (2). зэхь. Зыгуэрым уи щэху хуэӀуэтэн, уи дзыхь егъэзын. Хъыджэбзым и гум илъыр Зураб ирихьэлӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. Тембот хузэфӀэкӀакъым Елдар епсэлъэн, ауэ и щэхур Саримэ ирихьэлӀати, хъыджэбзым идэххакъым, уи мыӀуэху зумыхуэ, жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 151. 3. (1). зэхь. Зыгуэр къэхутэн, къэгъуэтын. ХьэтӀрэмтӀыгу си нэр къыхуикӀ щыхъуар еджэн къыщӀэздзэу урысыбзэ тӀэкӀуи зэзгъщӀа нэужькӀэщ, сыту жыӀэт: зэгуэр сымыщӀэххэу Пушкин итхам ящыщу усэ срихьэлӀащ, мыбы хуэдэу: «Не в набегах отбивать коней с ногайскими быками, и с боя взятыми рабами суда в Анапе нагружать». «ЗекӀуэхэракъым шыхэмрэ нэгъуей гуухэмрэ къащытепхынур, зэзауэм гъэр щыпщӀахэр Анапэ деж кхъухьхэм ярыз щыпщӀынур». Си анэм иӀуэтэжу зэхэсхамрэ Пушкин зи гугъу ищӀымрэ зэзгъапщэмэ, зым и гум адрейр къипсэлъыкӀа къысфӀэщӀырт, сфӀэтелъыджэу. Лъапсэ, 6–7. 4. (1). зэхь. Зэман, Ӏуэхугъэ гуэр нэсын, лъагъун. Коммунизмэм ирихьэлӀэм [и мурадыр къехъулӀащ] Коммунизмэм ирихьэлӀэм. «Партыр ди пашэу», 9.