ипкъ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Bu maddedeki ifadeler (1)
ипкъ иткӀэ
Зыгуэрым къыхэкӀкӀэ, тету, тещӀыхьащ.
русоюз в соответствии с чем-л., на основании чего-л.
КӀэмыргъуокъуэр, уэсят къызэрищӀам ипкъ иткӀэ, и Ӏэщэ-фащэр кӀэрылъу, и шым тесу щӀалъхьащ.— Нэгумэ Шорэ
Kitapta geçtiği hali
ипкъ ипкъ иткӀэ союз в соответствии с чем-л., на основании чего-л. / Зыгуэрым къыхэкӀкӀэ, тету, тещӀыхьащ. * КӀэмыргъуокъуэр, уэсят къызэрищӀам ипкъ иткӀэ, и Ӏэщэ-фащэр кӀэрылъу, и шым тесу щӀалъхьащ. Н. Ш.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым къыхэкӀкӀэ, тету, тещӀыхьауэ.
[Фэуаз:] НэхъыбитӀым унафэм ипкъ иту къалэм дэкӀын хуейуэ абы нэхъ трагъащӀэт, арщхьэкӀэ сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищӀынутэкъым. ауэ сэ сыадыгэщи, жаӀэнур фощӀэ – мы къалэм бегъымбар къыщалъхуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэкӀэ адыгэ гузэвэн жаӀэнщи, псори дыкъэрабгъэу ди цӀэ ягъэӀунщ». Ар щыжысӀэм, зауэлӀхэу аскэр ахъырзэманхэр сиӀэти, си псалъэр къабыл ящӀащ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399
Kitapta geçtiği hali
ИПКЪ: ИПКЪ ИТУ (1). союз. Зыгуэрым къыхэкӀкӀэ, тету, тещӀыхьауэ. [Фэуаз:] НэхъыбитӀым унафэм ипкъ иту къалэм дэкӀын хуейуэ абы нэхъ трагъащӀэт, арщхьэкӀэ сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищӀынутэкъым. ауэ сэ сыадыгэщи, жаӀэнур фощӀэ – мы къалэм бегъымбар къыщалъхуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэкӀэ адыгэ гузэвэн жаӀэнщи, псори дыкъэрабгъэу ди цӀэ ягъэӀунщ». Ар щыжысӀэм, зауэлӀхэу аскэр ахъырзэманхэр сиӀэти, си псалъэр къабыл ящӀащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399.