иныкъуэм
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Адрейхэм, нэгъуэщӀхэм.
рунекоторые
Иныкъуэм Инал яфӀэлӀы хахуэт, иныкъуэм ткӀиищэу къалъытэт.— КӀыщокъуэ Алим
Зэзэмызэ.
руиногда
Иныкъуэм тхьэмахуэ псокӀэ щыбзэх щыӀэщ ар - лӀыжьыр мэзым хэкӀуэдами тщӀэркъым жытӀэу.— КӀэрашэ Тембот
Kitapta geçtiği hali
иныкъуэм I некоторые / Адрейхэм, нэгъуэщӀхэм. * Иныкъуэм Инал яфӀэлӀы хахуэт, иныкъуэм ткӀиищэу къалъытэт. КӀ. А. II нареч. иногда / Зэзэмызэ. * Иныкъуэм тхьэмахуэ псокӀэ щыбзэх щыӀэщ ар - лӀыжьыр мэзым хэкӀуэдами тщӀэркъым жытӀэу. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Адрейхэм, нэгъуэщӀхэм. –547.
Къуажэм цӀыхухъу е цӀыхубз дэбзэхыкӀамэ, цӀыхухъуу дэсыр шэсурэ ХьэтӀрэмтӀыгу кхъухь тедзапӀэмкӀэ жэуэ щытащ, ядыгъуар къыщагъуэтыжи Ӏэджэрэ къэхъуащ, иныкъуэми къагъуэтыжа щхьэкӀэ, къэщэхужын хуейуэ зыщэхуам хъыджэбзыр кърищэжын имыдэмэ, зэзауэрт, е ящэхуар къэкӀуэсэжырт, зыпылъу щыта щӀалэм и гъусэу ежьэжырти, урыс къалэ гуэрым и гъунэгъуу тӀысыжырт, щӀапӀэ къратам унэ иращӀыхьыжауэ.— Лъапсэ, 34
+2 örnek
Къызэхуэсахэри гуп-гупурэ иныкъуэр зэчэнджэщу, адрейхэри зэдауэу, зыкъоми «текӀуэм дырейщ» жаӀэу зэхэтт, ауэ и нэхъыбитӀыр Ӏуэхум хуэчэфу, къалэну я пщэм къыдэхуар зэрыиныр ящӀэжу, абы ирипагэу, «зэ дыщӀыхьащэрэт залым» жаӀэу тепыӀэртэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 317
Лу къыздихьа справкэр зэӀэпахыу еплъырт, псоми хьэкъыу япхыкӀат Лу дзыхьышхуэ къызэрыхуащӀар, итӀани крушкӀэшхуэхэри крушкӀэ цӀыкӀухэри щӀызэныкъуэкъу щыӀэт: иныкъуэм жаӀэрт Инал и машинэм, шыфӀ утесмэ, улъэщӀыхьэну е трактор зепхуэныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъуу машинэм нэхърэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546
Зэзэмызэ.
ЩӀымахуэр щӀыӀэт, езыр [Дисэ] ӀэпцӀанэлъэпцӀанэт, си щхьэр мэуназэ, соджалэри солӀэ жиӀэу, щӀэгъэкъуэн игъуэтмэ, къэувыӀэурэ зигъэпсэхурт, иныкъуэми къызэплъэкӀырт, и къуэр къыкӀэлъыджэ къыфӀэщӀу.— Къалэн, 436
+2 örnek
Иныкъуэми хьэрф къитхъэныр зэпагъэурти, къызэтрачт: – Догуэ, псоми къэрэндащым зеттащ, ди Ӏэщыр хэт игъэшхэну, унагъуэри дауэ псэуа хъуну!— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530
ЛӀищыр зэрызекъуэу бжэщхьэӀум Ӏутыху, фызхэр унэм щӀэлъэдащ, Ӏузизэ хэпщӀыкӀ къудейуэ бауэрт, иныкъуэми и псэр хэкӀри бэуэн щигъэтащ жыпӀэнт, апхуэдэу зэпигъэурт и бэуэнри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 76
Kitapta geçtiği hali
ИНЫКЪУЭМ I (20). Адрейхэм, нэгъуэщӀхэм. Къуажэм цӀыхухъу е цӀыхубз дэбзэхыкӀамэ, цӀыхухъуу дэсыр шэсурэ ХьэтӀрэмтӀыгу кхъухь тедзапӀэмкӀэ жэуэ щытащ, ядыгъуар къыщагъуэтыжи Ӏэджэрэ къэхъуащ, иныкъуэми къагъуэтыжа щхьэкӀэ, къэщэхужын хуейуэ зыщэхуам хъыджэбзыр кърищэжын имыдэмэ, зэзауэрт, е ящэхуар къэкӀуэсэжырт, зыпылъу щыта щӀалэм и гъусэу ежьэжырти, урыс къалэ гуэрым и гъунэгъуу тӀысыжырт, щӀапӀэ къратам унэ иращӀыхьыжауэ. Лъапсэ, 34. Къызэхуэсахэри гуп-гупурэ иныкъуэр зэчэнджэщу, адрейхэри зэдауэу, зыкъоми «текӀуэм дырейщ» жаӀэу зэхэтт, ауэ и нэхъыбитӀыр Ӏуэхум хуэчэфу, къалэну я пщэм къыдэхуар зэрыиныр ящӀэжу, абы ирипагэу, «зэ дыщӀыхьащэрэт залым» жаӀэу тепыӀэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 317. Лу къыздихьа справкэр зэӀэпахыу еплъырт, псоми хьэкъыу япхыкӀат Лу дзыхьышхуэ къызэрыхуащӀар, итӀани крушкӀэшхуэхэри крушкӀэ цӀыкӀухэри щӀызэныкъуэкъу щыӀэт: иныкъуэм жаӀэрт Инал и машинэм, шыфӀ утесмэ, улъэщӀыхьэну е трактор зепхуэныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъуу машинэм нэхърэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546–547.
ИНЫКЪУЭМ II (16). нареч. Зэзэмызэ. ЩӀымахуэр щӀыӀэт, езыр [Дисэ] ӀэпцӀанэлъэпцӀанэт, си щхьэр мэуназэ, соджалэри солӀэ жиӀэу, щӀэгъэкъуэн игъуэтмэ, къэувыӀэурэ зигъэпсэхурт, иныкъуэми къызэплъэкӀырт, и къуэр къыкӀэлъыджэ къыфӀэщӀу. Къалэн, 436. Иныкъуэми хьэрф къитхъэныр зэпагъэурти, къызэтрачт: – Догуэ, псоми къэрэндащым зеттащ, ди Ӏэщыр хэт игъэшхэну, унагъуэри дауэ псэуа хъуну! Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530. ЛӀищыр зэрызекъуэу бжэщхьэӀум Ӏутыху, фызхэр унэм щӀэлъэдащ, Ӏузизэ хэпщӀыкӀ къудейуэ бауэрт, иныкъуэми и псэр хэкӀри бэуэн щигъэтащ жыпӀэнт, апхуэдэу зэпигъэурт и бэуэнри. Хъуэпсэгъуэ нур, 76.