инджылыз
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ИНДЖЫЛЫЗ; İNGİLİZ
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Нэхъыбэу Англием щыпсэу лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху.
– А псалъэ дыдэр адыгэм жаӀэу инджылызхэм я дзэм адыгэр щапэува лъэхъэни щыӀащ— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399
+1 örnek
[Фэуаз:] Клоб ягъакӀуэмэ, нэхъ щӀафӀэфӀам сэри гу лъыстащ: инджылызщ, ехудийм япэщӀэхуэ хъумэ, нэхъ къыфӀэлӀыкӀынщ, къыщысхьынщ жаӀэу арат, Клоб нэхъри мынэхъ Ӏейуэ сэ инджылыбзэ сщӀэ пэтми— ХьэщӀэ лъапӀэ, 398
2. Европэм и ищхъэрэ–кхъухьэпӀэмкӀэ щыӀэ къэрал.
Къэбэрдейм зы нэрыбгэм хуэзэу дестынитхум нэблагъэ щӀыуэ яӀэщ, Америкэм плӀырэ ныкъуэрэщ яӀэр, Инджылызым щырыщ ирикъуркъым, Испанием яӀэр тӀурытӀ, Италием яӀэр зырыз фӀэкӀ хъуркъым, къэзакъхэм яӀэр плӀырыплӀым щӀегъу, нтӀэ, щӀыр ди зэхуэдэу советскэ властым игъэуващи, Къэбэрдеймрэ къэзакъхэмрэ къыддэгуэшэн хуейщ жаӀэу осетин делегатхэм яукъуэдият.— Лъапсэ, 87
3. Инджылызым ейр.
[Фэуаз:] Сэ сщӀэххэртэкъым мыбы ягъэкӀуэну я гугъар инджылыз офицеру КлобкӀэ еджэу, етӀуанэрей батальоныр зи ӀэмыщӀэ илъыр арауэ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 398
+2 örnek
Урыс кхъухьхэм къапэрыуэфыр хэт жыпӀэмэ, инджылыз, француз кхъухьхэр аращ.— Лъапсэ, 63
Тырку фоч ирехъу, урыс фочи ирехъу, инджылыз фокӀэщӀи къыхуэхь – псоми хещӀыкӀ, фочыку закъуэ фӀэкӀа къэмынами, зэрыщытам нэхърэ мынэхъ Ӏейуэ зэрегъэпэщыж [ЛӀыгъур]— Лъапсэ, 102
Kitapta geçtiği hali
ИНДЖЫЛЫЗ (8). 1. (2). Нэхъыбэу Англием щыпсэу лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху. – А псалъэ дыдэр адыгэм жаӀэу инджылызхэм я дзэм адыгэр щапэува лъэхъэни щыӀащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399. [Фэуаз:] Клоб ягъакӀуэмэ, нэхъ щӀафӀэфӀам сэри гу лъыстащ: инджылызщ, ехудийм япэщӀэхуэ хъумэ, нэхъ къыфӀэлӀыкӀынщ, къыщысхьынщ жаӀэу арат, Клоб нэхъри мынэхъ Ӏейуэ сэ инджылыбзэ сщӀэ пэтми. ХьэщӀэ лъапӀэ, 398. 2. (1). Европэм и ищхъэрэ–кхъухьэпӀэмкӀэ щыӀэ къэрал. Къэбэрдейм зы нэрыбгэм хуэзэу дестынитхум нэблагъэ щӀыуэ яӀэщ, Америкэм плӀырэ ныкъуэрэщ яӀэр, Инджылызым щырыщ ирикъуркъым, Испанием яӀэр тӀурытӀ, Италием яӀэр зырыз фӀэкӀ хъуркъым, къэзакъхэм яӀэр плӀырыплӀым щӀегъу, нтӀэ, щӀыр ди зэхуэдэу советскэ властым игъэуващи, Къэбэрдеймрэ къэзакъхэмрэ къыддэгуэшэн хуейщ жаӀэу осетин делегатхэм яукъуэдият. Лъапсэ, 87. 3. (5). плъыф. мыхь. Инджылызым ейр. [Фэуаз:] Сэ сщӀэххэртэкъым мыбы ягъэкӀуэну я гугъар инджылыз офицеру КлобкӀэ еджэу, етӀуанэрей батальоныр зи ӀэмыщӀэ илъыр арауэ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 398. Урыс кхъухьхэм къапэрыуэфыр хэт жыпӀэмэ, инджылыз, француз кхъухьхэр аращ. Лъапсэ, 63. Тырку фоч ирехъу, урыс фочи ирехъу, инджылыз фокӀэщӀи къыхуэхь – псоми хещӀыкӀ, фочыку закъуэ фӀэкӀа къэмынами, зэрыщытам нэхърэ мынэхъ Ӏейуэ зэрегъэпэщыж [ЛӀыгъур]. Лъапсэ, 102.