имэхыхьын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йомэхыхь)
Къэухъуреихьа гуэрым бэуапӀэ имыгъуэту ибэмпӀыхьын, зимыщӀэжу и къарур фӀэкӀуэдын.
Фызыр, мыбэуэжыфу икӀи мыкӀиифу, пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу кумбым йомэхыхь.— Нал къута, 234
+1 örnek
Кумбыр куущи уомэхыхьыр, КӀуэ хьэдрыхэ лъагъунлъагъу.— Индийскэ поэмэ, 365
Kitapta geçtiği hali
ИМЭХЫХЬЫН (йомэхыхь) лъэмыӀ. (2). Къэухъуреихьа гуэрым бэуапӀэ имыгъуэту ибэмпӀыхьын, зимыщӀэжу и къарур фӀэкӀуэдын. Фызыр, мыбэуэжыфу икӀи мыкӀиифу, пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу кумбым йомэхыхь. Нал къута, 234. Кумбыр куущи уомэхыхьыр, КӀуэ хьэдрыхэ лъагъунлъагъу. «Индийскэ поэмэ», 365.