икӀэм икӀэжым
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Иужь дыдэм.
ИкӀэм икӀэжым зэгурыӀуащ, тхьэмахуэм зэ – мэрем махуэм – [Исуф] унэм къыщӀыхьэжрэ зигъэпскӀыну хуиту, шхын пщтыр ишхыу, джанэ-гъуэншэдж щӀагъщӀэлъ ихъуэжрэ пӀэ къабзэм зы жэщ хэлъыну.— Лэчымэ, 397
+2 örnek
ИкӀэм икӀэжым, дадэм хуэмышэчу зихуэпэжри нэхулъэ къыщищӀ дыдэм фэтэрым къыщӀэкӀуэсыкӀыжри макӀуэ-мэлъей, автостанцым къэсащ, япэ текӀ автобусым къитӀысхьэну.— КӀапсэ кӀапэ, 17
[Алыджыкъуэ:] ИкӀэм икӀэжым ветлечебницэм щылажьэу щӀэныгъэлӀ гуэрхэр машинэкӀэ къэкӀуэжу сакъыщыхуэзам занщӀэу я машинэм зыкъиздзэри сыкъэкӀуэжати, къызащӀам еплъ – къалэм сыкъыданэри ежьэжащ.— МелыӀыч, 441
Kitapta geçtiği hali
ИКӀЭМ ИКӀЭЖЫМ (12). нареч. Иужь дыдэм. ИкӀэм икӀэжым зэгурыӀуащ, тхьэмахуэм зэ – мэрем махуэм – [Исуф] унэм къыщӀыхьэжрэ зигъэпскӀыну хуиту, шхын пщтыр ишхыу, джанэ-гъуэншэдж щӀагъщӀэлъ ихъуэжрэ пӀэ къабзэм зы жэщ хэлъыну. Лэчымэ, 397. ИкӀэм икӀэжым, дадэм хуэмышэчу зихуэпэжри нэхулъэ къыщищӀ дыдэм фэтэрым къыщӀэкӀуэсыкӀыжри макӀуэ-мэлъей, автостанцым къэсащ, япэ текӀ автобусым къитӀысхьэну. КӀапсэ кӀапэ, 17. [Алыджыкъуэ:] ИкӀэм икӀэжым ветлечебницэм щылажьэу щӀэныгъэлӀ гуэрхэр машинэкӀэ къэкӀуэжу сакъыщыхуэзам занщӀэу я машинэм зыкъиздзэри сыкъэкӀуэжати, къызащӀам еплъ – къалэм сыкъыданэри ежьэжащ. МелыӀыч, 441.